Лука 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ къызэралъхуар
(Маттэ 1:18-25)
1А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым#2:1 Август – Гай Октавиан кесарым зэреджэу щыта цӀэхэм ящыщщ. Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 27-нэ гъэм щыщӀэдзауэ Хьисэ къэхъуа нэужь 14-нэ гъэм нэсыху ар Рим и кесару щытащ. унафэ ищӀащ. 2Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум#2:2 Сирие хэкур – еплъ Маттэ 4:24. и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ. 3Арати, и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэ, щхьэж и адэ-анэр зыщыщ къалэм кӀуэжащ.
4Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм#2:4 Бэтлэхьэм – еплъ Маттэ 2:1. кӀуащ. 5Исуф абы щӀэкӀуар лъыхъуа Мэрием и гъусэу и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэщ. Мэрием лъэщыджэт, 6икӀи абы здэщыӀэм и лъхуэгъуэ махуэр къэсащ. 7Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.
МелыӀычыр мэлыхъуэхэм къазэрыхуэкӀуар
8Мэлхэр жэщым яхъумэу, а Ӏэхэлъахэм мэлыхъуэ гуп итт. 9Тхьэм и мелыӀыч къахуэкӀуащ абыхэм напӀэзыпӀэм. Зиусхьэным и нэху гъэщӀэгъуэныщэм къыщиухъуреихьым, мэлыхъуэхэр хуабжьу къэщтащ. 10Ауэ мелыӀычым къажриӀащ:
– Фымышынэ, ауэ фыкъэдаӀуэ! Фи лъэпкъ псом щхьэкӀэ хъыбар гуфӀэгъуэшхуэ къыфхуэсӀуэтэнущ: 11ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм#2:11 Даут и къалэр – Бэтлэхьэм. нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ. 12Ар зэрыщыпкъэр фэзыгъэщӀэнур мыращ: Сабий гуэр хъыданым кӀуэцӀышыхьауэ, шхалъэм дэлъу къэвгъуэтынущ.
13Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:
14«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ.
ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу
цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».
15МелыӀычхэр ӀукӀыжу, уафэм дэкӀуеижа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ:
«Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа къэхъуакъэщӀар тлъагъуну Бэтлэхьэм дывгъакӀуэ».
16Арати, Бэтлэхьэм пӀащэу кӀуэри, Мэриемри, Исуфри, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ. 17Ахэр щалъагъум, мелыӀычым сабийм теухуауэ къажриӀар абыхэм яӀуэтэжащ. 18Мэлыхъуэхэм яӀуэтэжар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ. 19Ауэ Мэрием мы Ӏуэхугъуэ псори игу ириубыдэри егупсысащ. 20Мэлыхъуэхэм зэхаха икӀи ялъэгъуа псом щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэшхуи хуащӀу ягъэзэжащ. А Ӏуэхухэр зэрекӀуэкӀар мелыӀычым абыхэм къазэрыжриӀэгъам тетущ.
Исуфрэ Мэриемрэ Зиусхьэным и пащхьэм Хьисэ сабийуэ зэрырахьар
21Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы.
22Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм и унафэм тету,#2:22 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм и унафэм тету – еплъ 3 Мусэ 12:2-4. Исуфрэ Мэриемрэ я зыгъэкъэбзэжыгъуэ махуэхэр блэкӀа нэужь, сабийр Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн щхьэкӀэ, Ерусалим здахьащ, 23мы унафэу Зиусхьэным и хабзэм щыщым тету:#2:23 Зиусхьэным и хабзэм щыщым тету – еплъ 2 Мусэ 13:2. «Дэтхэнэ зы хъулъхугъэ щыпэлъхури Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ». 24Адрейуэ ахэр Ерусалим щӀэкӀуар Зиусхьэным игъэува хабзэм зэрыжиӀэм тету,#2:24 Зиусхьэным игъэува хабзэм зэрыжиӀэм тету – еплъ 3 Мусэ 12:8 езыхэм загъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, «губгъуэ тхьэрыкъуэ цӀыкӀуитӀ е тхьэрыкъуэ шыр цӀыкӀуитӀ» къурмэныпхъэу яхьын хуейти, арщ.
25СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы. 26Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон зэхригъэщӀыкӀащ Зиусхьэным деж къикӀыну Мэссихьыр#2:26 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. имылъэгъуауэ зэрымылӀэнур. 27Арати, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьащ. Торэт хабзэм и унафэм тету, сабийр Тхьэм и пащхьэ ирахьэн щхьэкӀэ, и анэмрэ и адэмрэ ар, Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀахьэм, 28Симеон, сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэри, мы псалъэхэр жиӀэурэ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ:
29«Зиусхьэн, сызэрыбгъэгугъам тету
сэ, уи ӀуэхутхьэбзащӀэр, сигу зэгъауэ,
дунейм срехыж иджы;
30-31цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм
уэ щыбгъэхьэзырауэ,
цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур
си нэхэмкӀэ слъэгъуащи.
32Ар хамэ лъэпкъхэм#2:32 хамэ лъэпкъхэр – мыжуртхэр аращ. щыпкъагъэ
езыгъащӀэ нэхурщ,
Израил уи лъэпкъыр
щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».
33Симеон сабийм теухуауэ жиӀа псалъэхэр Исуфрэ сабийм и анэмрэ ягъэщӀэгъуащ. 34И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ:
– Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ. 35ЦӀыху куэдым ягу илъхэр нахуэ къэхъунущ апхуэдэу. ИкӀи уэ уигури, джатэм хуэдэу, гукъеуэшхуэм къиуӀэнущ.
36АсиркӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъым щыщрэ Фануил ипхъуу Аннэ зи цӀэ бегъымбар цӀыхубз гуэр щыӀэт. Абы и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтауэ щытащ. ДэкӀуэри, и лӀым илъэсиблкӀэ дэпсэугъащ. 37И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ. 38Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.
39Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ. 40Сабийр хэхъуащ, гукӀи псэкӀи зиужьащ, зэхэщӀыкӀышхуи иӀэ хъури, Тхьэм и нэфӀи къыщыхуащ.
Тхьэм и унэшхуэм Хьисэ щӀалэр зэрыкӀуар
41Хьисэ и адэ-анэр Ерусалим гъэ къэс кӀуэрт, ӀутӀыж махуэшхуэр#2:41 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ Маттэ 26:2. ягъэлъэпӀэну. 42ЩӀалэм и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щыхъум, хабзэм тету, ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ Ерусалим кӀуащ. 43Махуэшхуэхэр блэкӀа нэужь, и адэ-анэм я къалэм къагъэзэжын щыхъум, Хьисэ щӀалэр Ерусалим къыдэнащ абыхэм ямыщӀэу. 44Я гъусэхэм хэт я гугъэу, и анэмрэ и адэмрэ гъуэгу зы махуэкӀэ тетащ. Я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ я деж щӀалэр къыщалъыхъуэу щӀадзащ итӀанэ. 45Щамыгъуэтыжым, щӀалэм лъыхъуэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ. 46Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр. 47ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт. 48ЩӀалэр щалъагъум, анэмрэ адэмрэ ягъэщӀэгъуащ.
– Си щӀалэ! Сыт уэ къыдэпщӀар? – къыжриӀащ и анэм. – Мис, уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэм дыхэту дыплъохъу.
49– Сыт сыкъыщӀэфлъыхъур? – яжриӀащ абы. – Си Адэм и унэшхуэм сыщӀэсын зэрыхуейр фщӀэркъэ?
50Ауэ абыхэм щӀалэм яжриӀа псалъэр къагурыӀуакъым.
51И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори. 52Хьисэ хэхъуэм, и зэхэщӀыкӀми зиужьурэ, Тхьэми цӀыхухэми ягу ирихьащ.
Currently Selected:
Лука 2: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017