YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Къызэралъхурэ нэф зылӀ Хьисэ зэригъэхъужар
1Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ. 2И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ:
– Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?
3– Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. 4– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым. 5Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ.
6Ар жиӀэри, Хьисэ щӀым теубжьытхащ, ӀупсымкӀэ ятӀэ зэхищӀэри, а зэхищӀар нэфым и нэхэм щихуащ. 7Нэфым жриӀащ итӀанэ:
– Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ.
8Гъунэгъухэми ар нэфу зэрыщытар зылъагъуахэми жаӀащ:
– ФакъырэӀус щӀэлъэӀуу щысар мыракъэ?
9Аращ, – жаӀащ языныкъуэхэм.
– Хьэуэ, абы ещхь къудейщ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми.
– Сэращ, – жиӀащ езы лӀым.
10– Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр.
11– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.
12– Дэнэ щыӀэ а лӀыр? – къеупщӀащ ахэр.
– СщӀэркъым, – жиӀащ абы.
Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр фарисейхэм зэрагъэунэхуар
13Нэфу щытар фарисейхэм я деж яшащ. 14Хьисэ ятӀэ зэхищӀэу, нэфым и нэхэр къыщигъэплъэжа махуэр щэбэт махуэт. 15Арати, фарисейхэр а лӀым еупщӀащ:
– Уи нэхэр дауэ къызэрыплъэжар?
– Си нэхэм ятӀэ щихуэри, зыщыстхьэщӀыжым, слъагъу хъуащ, – жиӀащ а лӀым.
16– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым.#9:16 щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым – щэбэт махуэм ятӀэ зэхэпщӀэ хъунукъым. Журтхэм ар Ӏуэху щӀэным хуагъадэ.
– Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.
17– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн?
– Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.
18Апхуэдэу щыт пэтми, зи нэхэр къэплъэжа лӀым и адэ-анэр кърагъашэу, абыхэм еупщӀыху, а лӀыр нэфу зэрыщытари и нэхэр къызэрыплъэжари журтхэм я фӀэщ хъуакъым.
19– Нэфу къалъхуауэ жыхуэфӀэ фи къуэр мыра? – еупщӀащ абыхэм. – Абы илъагъуу зэрыхъужар дауэ?
20– Мыр зэрыдикъуэри нэфу къызэралъхуари дощӀэ, – жаӀащ лӀым и адэ-анэм. 21– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.
22ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну#9:22 синэгуэгум щӀахуну – цӀыху гуэр синэгуэгум къыщӀахумэ, Тхьэм и лъэпкъым щымыщу ялъытэ. журтхэр зэгурыӀуат. 23Аращ лӀым и адэ-анэм щӀыжаӀар: «И ныбжьыр ирикъуащ, езым феупщӀ».
24Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ:
– Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.
25– Ар гуэныхьыщӀэми, сэ сщӀэркъым, – жиӀащ нэфу щытам, – ауэ мы зыр сощӀэ: сэ нэфу сыщытащ, иджы слъагъу хъуащ.
26– Сыт уэ къыуищӀар? – еупщӀащ ахэр. – Уи нэхэр дауэ къызэригъэплъэжар?
27– Зэ нывжесӀакӀэщ, ауэ фыкъедэӀуакъым, сыт иджыри ар зэхэфхыну фыщӀыхуейр? – къажриӀащ нэфу щытам. – Абы и гъуэгу фрикӀуэну фыхуей фэри?
28Ар щажриӀэм, къешхыдащ:
– Уэ мы лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщщ, дэ Мусэ бегъымбарым и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщщ. 29Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.
30– Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым. 31– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр. 32Нэфу къалъхуа цӀыхур зыгуэрым къигъэплъэжауэ цӀыхухэм зэикӀ зэхахакъым. 33Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щымытатэмэ, зыри хузэфӀэкӀынутэкъым.
34– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара?
Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
Фарисейхэр щӀэнэфыр
35А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ:
– Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ?
36– Зи щӀыхь ин, – жэуап къритыжащ лӀым, – фӀэщхъуныгъэ сиӀэн щхьэкӀэ, а жыхуэпӀэр хэт, къызжеӀэ!
37– Ар уэ плъэгъуащ, иджыпсту къопсалъэр аращ, – жриӀащ Хьисэ.
38– ФӀэщхъуныгъэ сиӀэ хъуащ, Зиусхьэн, – жиӀэри, а лӀыр Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иуващ.
39– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.
40Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ:
– Дэри дынэфу ара-тэ?
41– Фэ нэфу фыщытатэмэ, гуэныхь фтелъынтэкъым, ауэ «Долъагъу» жывоӀэри, фи гуэныхьыр къыфтонэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

Currently Selected:

Иуан 9: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in