И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ:
– Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?
– Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ.