YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 10

10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
МэлыхъуэфӀыр
1Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ. 2ЧэтыбжэмкӀэ щӀыхьэр мэлхэр зыгъэхъур арщ. 3ХъумакӀуэм мэлыхъуэм бжэр къыхуӀуех, мэлхэри мэлыхъуэм и макъым йодаӀуэ. Мэлыхъуэр и мэлхэм я цӀэкӀэ йоджэри, къыщӀеш. 4Мэлыхъуэм и мэл псори къыщӀиша нэужь, езыр япэ иту йожьэ. Мэлхэм мэлыхъуэм и макъыр яцӀыхури, абы и ужь иту макӀуэ. 5Ауэ хамэ гуэрым и ужь иувэркъым, зэбгрож, хамэм и макъыр яцӀыхуркъыми.
6Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар къажриӀащ, ауэ абы къикӀыр къагурыӀуакъым.
7Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ:
– Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ. 8Сяпэ къэкӀуауэ щыта псори дыгъуакӀуэт икӀи хъунщӀакӀуэти, мэлхэр абыхэм едэӀуакъым. 9Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ. 10ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.
11– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет. 12Мэлхэр имейуэ пщӀэкӀэ лажьэр мэлыхъуэ хъуркъым. Дыгъужьыр къакӀуэу илъагъумэ, мэлхэр къегъанэри, ар щӀопхъуэж. Дыгъужьыр къахолъадэри, мэлхэр зэбгреху. 13А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.
14-15– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот. 16Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ. 17Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур. 18Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.
19А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.
20– Ар жин бзаджэм иӀыгъщ, жиӀэр ищӀэжыркъым. Сыт абы фыщӀедаӀуэр? – жаӀэрт абыхэм ящыщ куэдым.
21НэгъуэщӀхэми жаӀэрт:
– А псалъэхэр жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхум ейкъым. Жин бзаджэм нэфым и нэхэр къигъэплъэжын лъэкӀыну?
Журтхэм Хьисэ зэрамыдар
22И унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъам щхьэкӀэ#10:22 И унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъам щхьэкӀэ – Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 167-рэ илъэсым Антиок Епифан зи цӀэ пащтыхьым тхьэ нэпцӀхэм щхьэкӀэ къурмэнщӀыпӀэ Тхьэм и унэшхуэм щигъэувыгъащ. А пащтыхьым Тхьэм и унэшхуэр апхуэдэу зэриуфӀеигъам щхьэкӀэ, журтхэм а унэшхуэр ягъэкъэбзэжри, Тхьэм и нэфӀ а унэшхуэм щыхуэну елъэӀугъащ. Апхуэдэу и унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъар ягу къагъэкӀыжурэ, журтхэм илъэс къэс махуийкӀэ а махуэшхуэхэр ягъэлъапӀэ. ЖуртыбзэкӀэ а махуэшхуэхэм зэреджэр «Ханукэщ». Ерусалим щагъэлъапӀэ мэхуэшхуэхэр къэсащ. ЩӀымахуэт. 23Хьисэи Тхьэм и унэшхуэм кӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм къыщикӀухьырт. 24Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ:
– ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр#10:24 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.
25– Сэ вжесӀат, ауэ фи фӀэщ хъуакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм и цӀэкӀэ сэ злэжь Ӏуэхухэр щыхьэт къыстохъуэж. 26Ауэ фэ фи фӀэщ хъуркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си мэлхэм фащыщкъым, зэрывжесӀам хуэдэу. 27Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ. 28Абыхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ язот, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынукъым. Ахэр зыми сӀэщӀихын хузэфӀэкӀынукъым. 29Ахэр къызэзыта си Адэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Ахэр си Адэм къыӀэщӀихыну зыми хузэфӀэкӀынукъым. 30Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.
31Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ. 32Ауэ Хьисэ яжриӀащ:
– Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?
33– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.
34– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар:#10:34 Тхьэм зэрыжиӀар – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 81:6. «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым. 35Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ. 36Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ? 37Си Адэм и Ӏуэхухэр сымылэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зивмыгъэӀэ. 38Ауэ си Адэм и Ӏуэхухэр злэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ фимыӀэми, а ӀуэхухэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэри Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри къэфщӀэнущ итӀанэ икӀи къывгурыӀуэнущ.
39Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.
40Абы и ужькӀэ Хьисэ Иорданыпсым аргуэру зэпрыкӀыжщ, Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щыта щӀыпӀэм кӀуэри, абы къыщынащ. 41ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж.
– Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.
42ЦӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абдежым.

Currently Selected:

Иуан 10: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy