Иуан 8
8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зинэ ищӀэу яубыда цӀыхубзыр
1Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм#8:1 Елеон Ӏуащхьэр – еплъ Маттэ 21:1. кӀуащ. 2Нэху щыщым, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ аргуэру икӀи цӀыху псори абы деж къэкӀуащ. Хьисэ тӀысри, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ. 3Абы ирихьэлӀэу, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ#8:3 торэт егъэджакӀуэ пашэхэр – еплъ Маттэ 2:4. фарисейхэмрэ цӀыхубз гуэр, зинэ ищӀэу къаубыдар, Хьисэ къыхуашэщ, утыкум кърагъэувэри, 4къыжраӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, мы цӀыхубзым зинэ ищӀэу яубыдащ. 5Мыпхуэдэхэм мывэкӀэ деуэурэ дыукӀыну, Торэт хабзэм ипкъ иткӀэ, Мусэ бегъымбарым унафэ къытхуигъэнащ.#8:5 Мусэ бегъымбарым унафэ къытхуищӀащ – еплъ 5 Мусэ 22:22. Уэ дауэ уеплърэ?
6Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат.
Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ. 7Зэпымыууэ къеупщӀ щыхъум, Хьисэ зыкъиӀэтыжри, яжриӀащ:
– Фэ фщыщу гуэныхь зимыӀэр япэ иреуэ цӀыхубзым мывэкӀэ.
8Аргуэру зригъэзыхри, щӀым тетхыхьу щӀидзэжащ.
9Ар щызэхахым, ягукӀэ загъэкъуаншэурэ, я нэхъыжьхэр япэ иту, зыр зым и ужь иту, псори ӀукӀыжащ. Хьисэ и закъуэу къэнащ, цӀыхубзри утыкум къинащ. 10Хьисэ зыкъиӀэтыжри, цӀыхубзым фӀэкӀ зыри щымыту щилъагъум, абы жриӀащ:
– ЦӀыхубз, дэнэ щыӀэ узыгъэкъуэншахэр? Зыми уигъэкъуэншэжыркъэ иджы?
11– Зыми, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым.
– Сэри узгъэкъуаншэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – КӀуэж, нобэ щыщӀэдзауэ гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ.
Мы дунейм и нэхур Хьисэщ
12Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ:
– Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.
13– Уэр-уэру щыхьэт узытохъуэж, – къыжраӀащ фарисейхэм. – Уи щыхьэтыгъэр ирикъунукъым.
14– Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым. 15Мы дунейм и цӀыхухэм Ӏуэхухэм хьэкум зэрытращӀыхьым хуэдэу, фэ хьэкум фощӀ. Сэ зыми хьэкум тесщӀыхьыркъым. 16Зыгуэрым хьэкум тесщӀыхь хъумэ, тесщӀыхь хьэкумыр щыпкъэщ, сэ си закъуэкъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри си гъусэщи. 17ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.#8:17 фи Торэт хабзэм итщ – еплъ 5 Мусэ 19:15. 18Сэр-сэру щыхьэт сызытохъуэж, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри щыхьэт къыстохъуэ.
19ИтӀанэ къеупщӀащ:
– Дэнэ щыӀэ уи Адэр?
– Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.
20Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.
Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэн флъэкӀынукъым
21Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру:
– Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.
22– ЗиукӀыжыну арауэ пӀэрэ «Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» щӀыжиӀэр? – жаӀащ журтхэм.
23– Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым. 24«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.
25– Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр.
– Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 26– Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.
27Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым. 28Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ,#8:28 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ – еплъ 3:14; 1:51. сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ. 29СыкъэзыгъэкӀуар си гъусэщ сэ, си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащӀэри.
30Хьисэ а псалъэхэр щыжиӀэм, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Щыпкъагъэм щхьэхуит фищӀыжынущ
31ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ:
– Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ. 32Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщӀэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищӀыжынущ.
33– Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?
34– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри гуэныхь щӀэным и пщылӀщ. 35ПщылӀыр унэм игъащӀэкӀэ исынукъым. Адэм и къуэр арщ унэм игъащӀэкӀэ исынур. 36Аращи, Къуэ лъапӀэм щхьэхуит фищӀыжмэ, щхьэхуит щыпкъэ фыхъунущ. 37Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ. 38Си Адэм деж щыслъэгъуа Ӏуэхухэращ сэ жысӀэр, ауэ фэ фи адэм деж щыфлъэгъуа Ӏуэхухэращ влэжьыр.
Фи адэр шейтӀаныращ
39– Дэ ди адэр Ибрэхьимщ, – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.
– Ибрэхьим фрибыну щытатэмэ, Ибрэхьим и Ӏуэхухэр вгъэзэщӀэнт, – яжриӀащ Хьисэ. 40– Ауэ сывукӀыну си ужь фитщ иджы. Тхьэм жиӀэу зэхэсха щыпкъагъэр нывжесӀа пэтрэ, сывукӀыну си ужь фитщ. Ибрэхьим апхуэдэ ищӀэртэкъым. 41Фэ фи адэм игъэзащӀэ Ӏуэхухэр фэри фогъэзащӀэ.
– Дэ зинэкӀэ дыкъалъхуакъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Адэ закъуэу диӀэр Тхьэр аращ.
42– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ. 43ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр. 44Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи. 45Ауэ сэ щыпкъагъэр зэрыжысӀэм щхьэкӀэ, жысӀэр фи фӀэщ хъуркъым. 46Сэ гуэныхь сщӀауэ фэ фщыщ гуэрым сигъэкъуэншэн лъэкӀыну? ЩӀыпкъагъэр жысӀэ пэтми, жысӀэр фи фӀэщ щӀэмыхъур сыт? 47Тхьэм и бынхэр абы и псалъэхэм йодаӀуэ, фэ Тхьэм и псалъэхэм фыщӀемыдаӀуэр Тхьэм фрибынкъыми, арщ.
Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ
48– Самарие цӀыхухэм#8:48 Самарие цӀыхухэр – еплъ 4:4. уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.
49– Сэ жин бзаджэм сиӀыгъкъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм щӀыхь хузощӀ сэ, итӀанэ фэ фыкъысхущӀоджэ. 50ЩӀыхь згъуэтыным и ужь ситкъым сэ, ауэ щӀыхь къыслъигъэсыну и ужь иту, цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхь щыӀэщ. 51Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.
52Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ:
– Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ. 53Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?
54– Сэ сызыщытхъужмэ, ар пщӀэншэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Ауэ сэ си щӀыхьыр зыӀэтыр си Адэу фэ фи Тхьэуэ жыхуэфӀэр арщ. 55Ар фэ фщӀэркъым, сэ сощӀэ ар. Ар сымыщӀэу жысӀатэмэ, фэ фхуэдэу сэри пцӀыупс сыхъунт. Ауэ сэ ар сощӀэ, абы и псалъэхэри согъэзащӀэ. 56Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икӀи гуфӀэрт. Ар илъэгъуащ икӀи щыгуфӀыкӀащ.
57– Илъэс щэ ныкъуэ уи мыныбжьу, Ибрэхьим плъэгъуауэ жыбоӀэ, – къыжраӀащ журтхэм.
58– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
59Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.
Currently Selected:
Иуан 8: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017