YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 7

7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и къуэшхэм я фӀэщмыхъуныгъэр
1Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым. 2Шэтырхэр щагъэув журт махуэшхуэхэр#7:2 шэтырхэр щагъэув журт махуэшхуэхэр – Мысырым къикӀыжа нэужь, журтхэм илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀыр къакӀухьу, шэтырхэм зэрыщӀэсар илъэс къэс махуэ зыбжамкӀэ шэтырхэм щӀэсурэ, ягу къагъэкӀыж. Еплъ 3 Мусэ 23:33-43. къэблэгъащ. 3Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ:
– Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ. 4ЦӀыхухэм закъезыгъэщӀэну хуейм Ӏуэху щэху илэжьыркъым. Мы телъыджэхэр пхузэфӀэкӀыр пэжмэ, дунейм и цӀыхухэм закъегъэлъагъу.
5Ар къыщӀыжраӀар езым и къуэш дыдэхэми ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэтэкъыми, арщ.
6Абы и жэуапу Хьисэ яжриӀащ:
– Сэ си пӀалъэр иджыри къэсакъым, ауэ фэркӀэ сыт щыгъуи пӀалъэщ. 7Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур. 8Фэ а махуэшхуэхэм папщӀэ Ерусалим фыкӀуэ. Сэ а махуэшхуэхэм сыхэтыну зэкӀэ сыкӀуэнукъым, си пӀалъэр иджыри къэсакъыми.
9Ар яжриӀэри, Хьисэ Галилей хэкум къинащ.
Махуэшхуэхэр игъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, Хьисэ Ерусалим зэрыкӀуар
10Хьисэ и къуэшхэр а махуэшхуэхэм хэтыну кӀуа нэужь, Хьисэи якӀэлъыкӀуащ, ауэ цӀыхухэм ямыщӀэу, къамылъагъуущ зэрыкӀуар. 11А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.
12Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт:
– Ар цӀыхуфӀщ.
– Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
13Ауэ журтхэм щышынэрти, Хьисэ теухуауэ цӀыхухэм я пащхьэм зыми зыри щыжиӀэртэкъым.
14А махуэшхуэхэр и бгым нэсауэ, Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ.
15– Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.
16– Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ псалъэхэр къызыбгъэдэкӀыр сэракъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуаращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 17– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми. 18Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым. 19Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэр къыфхуигъэнакъэ? Апхуэдэу щытми, Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху къыфхэткъым. СывукӀыну си ужь фыщӀитыр сыт?
20– Жин бзаджэм уиӀыгъщ уэ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – Хэт узукӀыну уи ужь итыр?
21– Зы Ӏуэху телъыджэ закъуэ щэбэт махуэм зэрысщӀар фэ псоми фогъэщӀагъуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 22– Мусэ бегъымбарым сунэт#7:22 сунэт – «обрезание» жыхуаӀэрщ. щӀыныр хабзэу къыфхуигъэнащи (ипэжыпӀэкӀэ сунэт щӀыныр къызыбгъэдэкӀар Мусэкъым, ди адэшхуэхэр арщ), цӀыхур щэбэт махуэм сунэт фщӀыркъэ? 23Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр? 24Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщӀ, щыпкъагъэм тету#7:24 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. фщӀы хьэкум.
Хьисэр Мэссихьу пӀэрэ?
25Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ:
– Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр? 26ЦӀыху псоми я пащхьэм къызэрыщыпсалъэм феплъ, апхуэдэу щыт пэтми, зыри жраӀэркъым. Ар зэры-Мэссихьыр#7:26 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. ди тхьэмадэхэм фӀэщ ящыхъуауэ пӀэрэ? 27Мыр зыщыщыр дощӀэ дэ. Ауэ Мэссихь къыщыкӀуэкӀэ, зыщыщыр зыми ищӀэнукъым. 28Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ:
– Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым, 29сэ соцӀыху ар, сэ абы сыщыщщ, аращ сыкъэзыгъэкӀуари.
30Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым. 31Ауэ цӀыху гупышхуэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъуащ абдежым.
– Мэссихь къакӀумэ, мы лӀым нэхърэ нэхъыбэу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэфыну пӀэрэ? – жаӀэрт абыхэм.
Фарисейхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр зэрагъэкӀуар
32ЦӀыхухэм Хьисэ теухуауэ Ӏущащэу ягъэхъыбархэр фарисейхэм#7:32 фарисейхэр – еплъ Маттэ 3:7. щызэхахым, абыхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ#7:32 дин пашэшхуэхэр – еплъ Маттэ 2:4. Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр ягъэкӀуащ. 33Ауэ Хьисэ жиӀащ:
– Сэ мащӀэщ сызэрыфхэтынур, сыкъэзыгъэкӀуам и деж сыкӀуэжынущ итӀанэ. 34Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фэ фыкӀуэфынукъым.
35– Дэ ар къэдгъуэтын тлъэмыкӀыну дэнэ кӀуэн и гугъэ? – жаӀащ журтхэм. – Алыджхэм#7:35 алыджхэр – грекхэр арщ. яхэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъуэхэм я деж кӀуэуэ, абыхэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну пӀэрэ? 36«Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фыкӀуэфынукъым» жыхуиӀам сыту пӀэрэ абы къригъэкӀыр?
ЦӀыхухэм гъащӀэ щыпкъэр яӀэ зыщӀ псыхэр
37Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ:
– Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ. 38Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и гум гъащӀэ щыпкъэр къызыхэкӀ псыхэр къижынущ».
39Хьисэ жыхуиӀар абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу Тхьэм кърилъхьэну Псэ ЛъапӀэр арщ. Абы нэсыху, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу зэкӀэ кърилъхьатэкъым, Хьисэ и щӀыхьышхуэр иджыри иӀэ хъуа щӀыкӀэтэкъыми.
ЦӀыхухэр Хьисэ теухуауэ зэрызэгурымыӀуар
40А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ:
– Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.
41– Мыращ Мэссихьыр, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми. Ауэ нэгъуэщӀ гуэрхэми жаӀэрт:
– Мэссихь Галилей хэкум щыщынукъым, аракъэ? 42Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ#7:42 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ – еплъ Михэ бегъымбарым и тхылъым 5:2. Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм#7:42 Бэтлэхьэм къалэ – еплъ Маттэ 2:1. зэрыщыщынури?
43Апхуэдэу, цӀыхухэр Хьисэ щхьэкӀэ гуп-гуп зэрыгъэхъуащ. 44Абыхэм ящыщ зы гупыр Хьисэ яубыдыну хуеящ, ауэ абы зыри тегушхуакъым.
Тепщэныгъэ зиӀэхэм я фӀэщмыхъуныгъэр
45А ӀуэхутхьэбзащӀэхэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ я деж къэкӀуэжащ итӀанэ. КъыщыкӀуэжым, адрейхэр еупщӀащ:
– Сыт Хьисэ къыщӀэвмышар?
46– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
47– Фэри фыдихьэха абы? – жаӀащ фарисейхэм. 48– Ди тхьэмадэхэм ящыщ гуэрми фарисейхэм ящыщ гуэрми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуа? 49Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэр зымыщӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ней къащыхуащ.
50Фарисейхэм ящыщу Никодим зи цӀэм (аращ Хьисэ деж жэщу къэкӀуэгъар) адрейхэм яжриӀащ:
51– ЯпэщӀыкӀэ емыупщӀу, емыдаӀуэу, ищӀар тэмэму зэхамыгъэкӀыу, ди хабзэмкӀэ цӀыху гуэрым хьэкум тращӀыхьрэ?
52– Уэри Галилей хэкум ущымыщу пӀэрэ? – къеупщӀащ Никодим. – Тхьэм и псалъэ тхахэм хэплъи, бегъымбар гуэри Галилейм щыщу къызэрымытэджынур къэпщӀэнущ.
53Ахэр зэбгрыкӀыжри, щхьэж и унэ кӀуэжащ итӀанэ.

Currently Selected:

Иуан 7: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in