1
Иуан 7:38
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и гум гъащӀэ щыпкъэр къызыхэкӀ псыхэр къижынущ».
Compare
Explore Иуан 7:38
2
Иуан 7:37
Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.
Explore Иуан 7:37
3
Иуан 7:39
Хьисэ жыхуиӀар абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу Тхьэм кърилъхьэну Псэ ЛъапӀэр арщ. Абы нэсыху, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу зэкӀэ кърилъхьатэкъым, Хьисэ и щӀыхьышхуэр иджыри иӀэ хъуа щӀыкӀэтэкъыми.
Explore Иуан 7:39
4
Иуан 7:24
Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщӀ, щыпкъагъэм тету фщӀы хьэкум.
Explore Иуан 7:24
5
Иуан 7:18
Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.
Explore Иуан 7:18
6
Иуан 7:16
– Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ псалъэхэр къызыбгъэдэкӀыр сэракъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуаращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Explore Иуан 7:16
7
Иуан 7:7
Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.
Explore Иуан 7:7
Home
Bible
Plans
Videos