YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 3

3
Тхьэм Ӏэдэмрэ Хьэуарэ Ӏэдэн жыг хадэм къызэрырихуар
1Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым:
– Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?
2– Жыгхэм къапыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэр дэ тшхы хъунущ, – жриӀащ цӀыхубзым блэм, – 3ауэ жэнэтым и кум ит жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икӀи фемыӀусэ абыхэм, фымылӀэн папщӀэ, жиӀащ Тхьэм.
4– Хьэуэ, фылӀэнукъым, – жриӀащ блэм цӀыхубзым; 5– сыту жыпӀэмэ ещӀэ Тхьэм: а жыгым къыпыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, Тхьэуэ фӀымрэ емрэ зэхэзыщӀыкӀым хуэдэ фыхъунущ.
6Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ. 7Къэплъащ тӀуми я нэхэр абдеж, абыхэм къащӀащ зэрыпцӀанэхэр, зэгуадэщ ахъуо тхьэмпэхэри, ябгхэр щӀапхащ.
8Къызэхахащ махуэм и щӀыӀэтыӀэгъуэм жыг хадэм къыщызыкӀухь Зиусхьэну Тхьэм и макъыр; икӀи зыщагъэпщкӀуащ Ӏэдэми абы и фызми Зиусхьэну Тхьэм и нэплъэгъуэм, жыг зэхуакухэм зыдадзэри.
9Зиусхьэну Тхьэр лӀым еджэри, жриӀащ абы:
– Дэнэ ущыӀэ?
10– Уи макъыр щызэхэсхат жыг хадэм, – жиӀащ абы, – сызэрыпцӀанэм щхьэкӀэ сышынэри, зызгъэпщкӀуащ.
11– Хэт къыбжиӀа уэ упцӀанэу? – жиӀащ Тхьэм. – Уэ умышхауэ пӀэрэ Сэ хуит узыхуэзмыщӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщ?
12– ЦӀыхубзу Уэ къызэптам а жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр къызитати, сэри сшхащ, – жиӀащ лӀым.
13– Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым.
– Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым.
14Зиусхьэну Тхьэм блэм жриӀащ:
– Ар зэрыпщӀам папщӀэ нэлат къыплъос Ӏэщ псоми нэхъри
губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми нэхъри;
уэ узекӀуэнущ ныбафэкӀэ,
икӀи пшхынущ сабэр уи гъащӀэ псом и кӀыхьагъкӀэ.
15Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ
уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми,
уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ
абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми;
абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ,
уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр
хэбукӀэнущ.
16ЦӀыхубзми жриӀащ:
– ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ
уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ;
узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр;
уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ#3:16 е езыри уэ къыпхуеинущ..
17Ӏэдэми жри-Ӏащ:
– Уи фызым жиӀам уедаӀуэу, «мы жыгым
и пхъэщхьэмыщхьэ умышх»
жыхуэсӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэ
зэрыпшхам къыхэкӀыу,
уи зэранкӀэ щӀылъэм нэлат лъысащ;
уи гъащӀэм къыхиубыдэ махуэ псоми
а щӀыгум къыуитыр мыгъуэкӀэ пшхынущ.
18Пыжьейрэ кхъуэбанэрэ къыпхуигъэкӀынущ абы;
ушхэнущ губгъуэ удзкӀэ.
19Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу,
уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ
укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи,
сабэм ухыхьэжынущ.
20ЛӀым фӀищащ и фызым цӀэ: Хьэуа#3:20 «Хьэуа» еврейбзэкӀэ «псэун» жыхуаӀэ псалъэм ещхьщ., псэ зыӀут цӀыху псоми ар анэ зэрахуэхъуам къыхэкӀыу.
21Зиусхьэну Тхьэм Ӏэдэмрэ абы и фызымрэ фэм къыхэщӀыкӀа щыгъынхэр яхуищӀри, ихуэпащ ахэр. 22ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм итӀанэ:
– Аращи, цӀыхур хъуащ Дэ тщыщ зым хуэдэ, фӀымрэ емрэ зэхищӀыкӀыу; иджы абы и Ӏэр ишийуэ, гъащӀэ къэзыт жыгым и пхъэщъхьэмыщхьэ къыпичу имышхащэрэт, мыкӀуэдыжын гъащӀи иӀэ мыхъуащэрэт.
23Зиусхьэну Тхьэм кърихуащ ар Ӏэдэн жыг хадэм, езыр къызыхаха щӀыгум илэжьыхьын папщӀэ. 24Кърихущ Тхьэм Ӏэдэм, гъащӀэ къэзыт жыгым хуэкӀуэ гъуэгур яхъумэн папщӀэ, Ӏэдэн жыг хадэм и къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏуигъэуващ херувим#3:24 Херувим – дамэ зиӀэ псэущхьэ, мелыӀычым хуэдэу Тхьэм и унафэ зыгъэзэщӀэ. мафӀэ къызыпих джатэ зызыгъазэмрэ.

Currently Selected:

1 Мусэ 3: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in