1
1 Мусэ 3:6
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ.
Compare
Explore 1 Мусэ 3:6
2
1 Мусэ 3:1
Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?
Explore 1 Мусэ 3:1
3
1 Мусэ 3:15
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.
Explore 1 Мусэ 3:15
4
1 Мусэ 3:16
ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ.
Explore 1 Мусэ 3:16
5
1 Мусэ 3:19
Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу, уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ.
Explore 1 Мусэ 3:19
6
1 Мусэ 3:17
Ӏэдэми жри-Ӏащ: – Уи фызым жиӀам уедаӀуэу, «мы жыгым и пхъэщхьэмыщхьэ умышх» жыхуэсӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэ зэрыпшхам къыхэкӀыу, уи зэранкӀэ щӀылъэм нэлат лъысащ; уи гъащӀэм къыхиубыдэ махуэ псоми а щӀыгум къыуитыр мыгъуэкӀэ пшхынущ.
Explore 1 Мусэ 3:17
7
1 Мусэ 3:11
– Хэт къыбжиӀа уэ упцӀанэу? – жиӀащ Тхьэм. – Уэ умышхауэ пӀэрэ Сэ хуит узыхуэзмыщӀа жыгым и пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщ?
Explore 1 Мусэ 3:11
8
1 Мусэ 3:24
Кърихущ Тхьэм Ӏэдэм, гъащӀэ къэзыт жыгым хуэкӀуэ гъуэгур яхъумэн папщӀэ, Ӏэдэн жыг хадэм и къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏуигъэуващ херувим мафӀэ къызыпих джатэ зызыгъазэмрэ.
Explore 1 Мусэ 3:24
9
1 Мусэ 3:20
ЛӀым фӀищащ и фызым цӀэ: Хьэуа, псэ зыӀут цӀыху псоми ар анэ зэрахуэхъуам къыхэкӀыу.
Explore 1 Мусэ 3:20
Home
Bible
Plans
Videos