1
1 Мусэ 4:7
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
ФӀы пщӀэмэ, уи щхьэр пӀэтыркъэ? АтӀэ фӀы умыщӀэмэ, гуэныхьым бжэщхьэӀум зыщеущэху; абы узыӀэпешэ, ауэ уэ абы текӀуэ.
Compare
Explore 1 Мусэ 4:7
2
1 Мусэ 4:26
Щэт къыхуалъхуащ къуэ, абы цӀэуэ фӀищащ Енощ; Абы къыщегъэжьауэ цӀыхухэм щӀадзащ Зиусхьэным елъэӀуу.
Explore 1 Мусэ 4:26
3
1 Мусэ 4:9
– Дэнэ щыӀэ Хьэбэл, уи къуэшыр? – жриӀащ Зиусхьэным Къаин. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы, – сэ си къуэшым срихъумакӀуэ?
Explore 1 Мусэ 4:9
4
1 Мусэ 4:10
– Сыт уэ пщӀар? – жиӀащ Зиусхьэным, – уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщӀоӀукӀ абы и гуӀэ макъэр щӀы щӀагъым.
Explore 1 Мусэ 4:10
5
1 Мусэ 4:15
– Уэ хэт уиукӀми, – къыжриӀащ абы Зиусхьэным, – абы блэнейрэ уи лъыр езгъэпшыныжынущ. Зиусхьэным тридзащ Къаиным дамыгъэ, къыхуэзэм ар къимыукӀын щхьэкӀэ.
Explore 1 Мусэ 4:15
Home
Bible
Plans
Videos