1 Мусэ 2
2
1Уафэмрэ щӀылъэмрэ, абыхэм щыӀэ псори ухуа хъуащ.
2Ебланэ махуэм ирихьэлӀэу, Тхьэм илэжьа Ӏуэхухэр иригъэкъуащ, ебланэ махуэм гупсэхугъуэ игъуэтащ илэжьа Ӏуэху псоми я ужькӀэ. 3Тхьэм и нэфӀ ебланэ махуэм щыхуэри, махуэ лъапӀэ ар ищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэм Тхьэм гупсэхугъуэ игъуэтащ илэжьа Ӏуэху псоми я ужькӀэ.
4Аращ уафэмрэ щӀылъэмрэ я къэхъукӀэ хъуар – Зиусхьэну Тхьэм щӀылъэри уафэри щиухуам щыгъуэ.
Ӏэдэн жыг хадэр
5ЩӀыгум зы чыци теттэкъым, зы удзи къэкӀатэкъым иджыри, сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм тригъэшхатэкъым щӀылъэм уэшх, цӀыхуи щыӀэтэкъым щӀыгум телэжьыхьыну; 6ауэ щӀылъэм бахъэр къыщхьэщихырти, абы игъэпсыӀэрт щӀым и нэгур.
7ИтӀанэ къигъэщӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур, щӀылъэ сабэм къыхищӀыкӀри, икӀи абы епщэри гъащӀэ иритащ, цӀыхум псэ къыӀуигъэкӀащ.
8Щиухуащ Зиусхьэну Тхьэм къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ Ӏэдэн жыг хадэ; Езым къигъэщӀа цӀыхум ар псэупӀэ хуищӀащ. 9КъыхигъэкӀащ Зиусхьэну Тхьэм щӀыгум теплъэ гурыхь зиӀэ шхыныгъуэфӀ хъу сыт хуэдэ жыгхэри, жыг хадэм и курыкупсэм щигъэкӀащ гъащӀэ къэзыт жыгри фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгри.
10Ӏэдэн къыхэжырт жыг хадэр зыгъэпсыӀэ псыр, итӀанэ ахэр псиплӀу зэхэкӀыжырт. 11Зым и цӀэщ Пишэн: абы къызэщӀеубыдэ Хауилэ щӀыналъэу дыщэ здэщыӀэр; 12А щӀыналъэм и дыщэр фӀыщ; абдежым щыӀэщ мэ Ӏэф зыпих мыстхъурэ Оникс зи цӀэ мывэ лъапӀэрэ.
13ЕтӀуанэ псым и цӀэщ Гъыхъон: абы къызэщӀеубыдэ Куш щӀыналъэ псор. 14Ещанэ псым и цӀэщ Тигр: ар щожэх Ашур и къуэкӀыпӀэмкӀэ. ЕплӀанэ псыр Евфратщ.
15Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур ишэри псэупӀэ щритащ Ӏэдэн жыг хадэм, абы илэжьыхьын, ар ихъумэн папщӀэ. 16Зиусхьэну Тхьэм унафэ хуищӀащ цӀыхум, мыр жиӀэурэ:
– Жыг хадэм ит дэтхэнэ жыгми къыпыкӀэр пшхыну ухуитщ, 17ауэ фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгым къыпыкӀэр умышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкӀынущ.
18ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм:
– ФӀыкъым цӀыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщӀынщ абы хуэфащэ дэӀэпыкъуэгъу.
19Зиусхьэну Тхьэм къыхигъэхъукӀащ ятӀэм губгъуэ псэущхьэ псори, уэгу къуалэбзу псори, икӀи къыхуишащ цӀыхум, абыхэм цӀэ зэрафӀищыр илъагъун папщӀэ, икӀи дэтхэнэ псэ зыпытми цӀыхум цӀэуэ фӀищар абы цӀэ хуэхъун щхьэкӀэ. 20ФӀищащ цӀыхум цӀэ Ӏэщ псоми, уэгум ит къуалэбзухэми, губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми; ауэ цӀыхум и дэӀэпыкъуэгъу къахэкӀакъым абыхэм езым ещхьу. 21Зиусхьэну Тхьэм хригъэлъэсащ лӀыр жей Ӏувым; ар жея нэужь, абы и дзажэналъэхэм ящыщ зы къыхихри, ар къыздыхиха щӀыпӀэр щӀихъумэжащ лыпцӀэкӀэ. 22Зиусхьэну Тхьэм лӀым и дзажэналъэм бзылъхугъэ къыхищӀыкӀри, къыхуишащ ар лӀым.
23ЖиӀащ цӀыхум:
– Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ,
си лым щыщ лыщ;
абы и цӀэу щытынущ цӀыхубз#2:23 ЕврейбзэкӀэ «цӀыхубзымрэ» «цӀыхухъумрэ» я макъхэр зэхуэдэ хьэзырщ: цӀыхубз – ишша, цӀыхухъу – иш.
сыту жыпӀэмэ лӀым къыхахащи.
24Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ.
25ПцӀанэт тӀури, лӀыри фызри, абы щхьэкӀи укӀытэхэртэкъым.
Currently Selected:
1 Мусэ 2: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017