1 Мусэ 1
1
МУСЭ БЕГЪЫМБАРЫМ И ЯПЭ ТХЫЛЪ
Тхьэм дунейр зэриухуар
1Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ. 2ЩӀылъэр зэпцӀтэкъым икӀи нэщӀт, кӀыфӀыгъэри щхьэщытт хышхуэ лъащӀэншэм; Тхьэм и Псэр щыхуарзэрт псы гущӀыӀум.
3ЖиӀащ Тхьэм:
– Ирехъу нэху.
Нэху хъуащ. 4Илъэгъуащ Тхьэм нэхугъэр зэрыфӀыр; къыхигъэкӀащ Тхьэм нэхугъэр кӀыфӀыгъэм. 5Нэхугъэм Тхьэм фӀищащ «махуэ», кӀыфӀыгъэм – «жэщ».
Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар зы махуэт.
6АдэкӀэ жиӀащ Тхьэм:
– Къыщрехъу псыкум уафэлъащӀэ икӀи къыгурырегъэкӀ абы псым псыр.
7КъигъэщӀащ, арати, Тхьэм уафэлъащӀэ, абыкӀэ зэщхьэщигъэкӀащ уафэлъащӀэм и щӀагъ щӀэт псымрэ абы и щӀыӀум тет псымрэ.
Апхуэдэуи хъуащ. 8ФӀищащ Тхьэм уафэлъащӀэм уафэ.
Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етӀуанэ махуэт.
9– Щызэхурес уафэ щӀагъым щӀэт псыр зы щӀыпӀэм деж, икӀи кърехъу гъущапӀэ, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ.
10ФӀищащ Тхьэм абы «щӀылъэ», псым и зэхуэсыпӀэхэм яфӀищащ «хы». Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
11– КъыхрекӀ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, жылэ зиӀэ удзыр, икӀи щӀыгум хэт жыгыр, езыхэм хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэр, – жиӀащ Тхьэм. Апхуэдэуи хъуащ. 12КъыхэкӀащ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ удзыр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгыр. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
13Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар ещанэ махуэт.
14– Къыщрехъу нэхунэхэр уафэлъащӀэм – жиӀащ Тхьэм, – махуэр жэщым къыгуэкӀын папщӀэ. Щрет ахэр нэщэнэу, зэманхэр, махуэхэр, гъэхэр зэхэха хъун папщӀэ. 15Щрехъу ахэр уафэлъащӀэм нэхугъэ, щӀылъэм тепсэн папщӀэ.
Апхуэдэуи хъуащ. 16КъигъэщӀащ Тхьэм нэхунэ ин дыдэу тӀу: нэхунэ нэхъ иным махуэр зэригъэкӀуэн папщӀэ, нэхунэ нэхъ цӀыкӀум жэщыр зэригъэкӀуэн папщӀэ; къигъэщӀащ вагъуэхэри; 17Тхьэм ахэр уафэлъащӀэм щӀригъэувар щӀылъэм тепсэн папщӀэщ, 18махуэри жэщри зэрагъэкӀуэн папщӀэщ, нэхугъэр кӀыфӀыгъэм къыхигъэкӀын папщӀэщ. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
19Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар еплӀанэ махуэт.
20ЖиӀащ Тхьэм:
– Псым псэ зиӀэ псэущхьэхэр хэз ирехъу, къралъэтыхь къуалэбзухэм, уэгум итрэ щӀым къыщхьэщыту.
21КъигъэщӀащ Тхьэм апхуэдэу бдзэшхуэхэри, псым хэс нэгъуэщӀ псэущхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэри, къуалэбзу зэмылӀэужьыгъуэхэри.
Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр. 22Тхьэм и нэфӀ ящыхуащ абыхэм, мыр жиӀэурэ:
– Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, хыӀухэм я псыр из фщӀы, къуалэбзухэри щребагъуэ щӀылъэм.
23Хъуащ жэщ, щащ нэху: ар етхуанэ махуэт.
24ЖиӀащ адэкӀэ Тхьэм:
– Къытрырехъуэ щӀылъэм псэущхьэхэр псэущхьэ лъэпкъыу, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу. Апхуэдэуи хъуащ.
25Арати, къигъэщӀащ Тхьэм хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу, Ӏэщ лъэпкъхэри, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщхэри езыхэм я лъэпкъыу. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
26ЖиӀащ Тхьэм:
– КъэдгъэщӀынщ цӀыхур Ди теплъэу, Дэ тхуэдэу; яхурехъу ахэр тепщэ хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, Ӏэщми, щӀылъэ псоми, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэ псоми.
27ИкӀи Езым и теплъэ иӀэу, Езым ещхьу къигъэщӀащ Тхьэм цӀыхур; цӀыхухъурэ бзылъхугъэу къигъэщӀащ ахэр.
28И нэфӀ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриӀащ:
– Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэӀурыщӀэ, тепщэ фахуэхъу хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми.
29ЖиӀащ итӀанэ Тхьэм:
– Аращи, Сэ фэстащ щӀылъэ псом сыт хуэдэ удз тетми, а псоми я жылэ къызыхэкӀ удз зэмылӀэужьыгъуэхэри, жылэ къэзыт пхъэщхьэмыщхьэ жыг лӀэужьыгъуэ псори; ахэр шхыныгъуэ фхуэхъунущ. 30ЩӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми, уэгум ит къуалэбзу псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ къыщызыпщыхь псоми, псэ зыӀуту псоми Сэ естащ удз щхъуантӀэу щыӀэу хъуар шхыныгъуэу.
Апхуэдэуи хъуащ. 31Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.
Currently Selected:
1 Мусэ 1: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017