1 Мусэ 11
11
Бабилон чэщанэр
1ЩӀылъэ псом щыщыӀар зы бзэрэ зы псэлъэкӀэрэт. 2КъуэкӀыпӀэмкӀэ къыщежьэри къакӀуэурэ, Шинар#11:1 Шинар – Бабилонщ. щӀыналъэм тафэ къыщагъуэтри, ахэр абдеж щытӀысащ.
3– Чырбыш дгъэжынщи, мафӀэкӀэ дгъэжьэжынщ, – жаӀащ абыхэм.
Арати, яӀэ хъуащ абыхэм мывэхэм я пӀэкӀэ чырбышхэр, сэхум и пӀэкӀэ щӀыгу мэзыш.
4– Дыухуэнщ ди щхьэм папщӀэ къалэрэ уафэм щӀэуэу чэщанэрэ, ди цӀэри дгъэӀунщ, щӀылъэ псом дыщызэмыбгрыкӀыу, – жаӀащ абыхэм итӀанэ.
5Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну. 6ЖиӀащ Зиусхьэным:
– Мис, зы лъэпкъщ, зы бзэщ псоми яӀэр; мис мыращ абыхэм яухуэну зыщӀадзар; сытым и ужь ихьэми, псори яхузэфӀэкӀынущ. 7АтӀэ дехынщи, щызэхэдгъэзэрыхьынщ абдежым абыхэм я бзэр, зым жиӀэр адрейм къыгурымыӀуэжу.
8Арати, Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри, а щӀыкӀэмкӀи абыхэм щагъэтыжащ къалэр ухуэн. 9Абы къыхэкӀкӀэ, абы цӀэуэ фӀащащ: Бабилон#11:9 Бабилон – абы къикӀыр: зэхэгъэкӀухьын.; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдежым Зиусхьэным щызэхигъэзэрыхьащ щӀылъэ псом и бзэр, икӀи Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри.
Шем къытехъукӀахэр – Ибрам деж нэс
10Шем къытехъукӀахэр:
Шем илъэсищэ щыхъум, къыхуэхъуащ Арпахшад, псыдзэм и ужькӀэ илъэситӀ дэкӀауэ. 11Арпахшад къыхуалъхуа нэужь, Шем псэужащ илъэс щитхукӀэ, нэгъуэщӀ къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.
12Арпахшад, илъэс щэщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Шэлах къыхуэхъуащ. 13Шэлах къалъхуа нэужь, Арпахшад псэужащ илъэс щиплӀрэ щыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.
14Шэлах, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, Ӏэбэр къыхуэхъуащ. 15Ӏэбэр къалъхуа нэужь, Шэлах псэужащ илъэс щиплӀрэ щыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.
16Ӏэбэр, илъэс щэщӀрэ плӀыкӀэ псэуауэ, Пэлэгъ къыхуэхъуащ. 17Пэлэгъ къалъхуа нэужь, Ӏэбэр псэужащ илъэс щиплӀрэ щэщӀкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.
18Пэлэгъ, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, РэӀу къыхуэхъуащ. 19РэӀу къалъхуа нэужь, Пэлэгъ псэужащ илъэс щитӀрэ бгъукӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.
20РэӀу, илъэс щэщӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, Сэрыругъ къыхуэхъуащ. 21Сэрыругъ къалъхуа нэужь, РэӀу псэужащ илъэс щитӀрэ блыкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.
22Сэрыругъ, илъэс щэщӀкӀэ псэуауэ, Нахъор къыхуэхъуащ. 23Нахъор къалъхуа нэужь, Сэрыругъ псэужащ илъэс щитӀкӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуэлъхуащ.
24Нахъор илъэс тӀощӀрэ бгъукӀэ псэуауэ, Тэрахъ къыхуэхъуащ. 25Тэрахъ къалъхуа нэужь, Нахъор псэужащ илъэсищэрэ пщыкӀубгъукӀэ, къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.
26Тэрахъ илъэс блыщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ Ибрами, Нахъори, Харани.
27Мис Тэрахъ къытехъукӀахэр:
Тэрахъ къыхуэхъуащ Ибрам, Нахъор, Харан сымэ. Харан къыхуэлъхуащ Лут. 28И адэ Тэрахъ псэууэ, Харан щылӀащ езыр зыщалъхуа щӀыналъэу Халдей къэралыгъуэм щыӀэ Ур къалэм. 29Ибрамрэ Нахъоррэ къашащ фыз; Ибрам и фызым Сарай и цӀэт; Нахъор и фызым и цӀэр Милкъэт, ар Милкъэрэ Искъэрэ я адэ Харан ипхъут. 30Сарай лъхугъэншэт икӀи сабииншэт.
Тхьэр Ибрам къызэрыриджар
31Тэрахъ и къуэ Ибрам, Харан и къуэ ЛутӀу и къуэрылъхур, и нысэ Сараеу езым и къуэ Ибрам и фызыр зыщӀигъури, ахэр и гъусэу, къыдэкӀащ Халдей къэралыгъуэм щыщ Ур къалэм, Ханаан щӀыналъэм кӀуэну, ауэ, Харан нэсауэ, ахэр къыщыувыӀащ абдежым.
32Тэрахъ илъэс щитӀрэ тхукӀэ псэуауэ щылӀащ Харан къэралыгъуэм.
Currently Selected:
1 Мусэ 11: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017