YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 12

12
1Зиусхьэным жриӀащ Ибрам:
– ИкӀ уи щӀыналъэм, яхэкӀ уи лъэпкъэгъухэм, уи адэм и унэр къэбгыни, кӀуэ Сэ уэзгъэлъагъуну щӀыналъэм. 2ИтӀанэ Сэ къыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ, си нэфӀ пщыхуэнущ, уи цӀэри згъэлъэгэнущ; Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр зыбгъэдэкӀынури уэращ!
3Сэ си нэфӀ ящыхуэнущ уэ зи нэфӀ къыпщыхуэхэм,
си ней ящыхуэнущ уэ зи ней къыпщыхуэхэм;
уэ уи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящыхуэнущ
дунейм тет цӀыху лъэпкъ псоми!
4Арати, ежьащ Ибрам, Зиусхьэным абы къызэрыжриӀам тету; абы щӀыгъуу ежьащ ЛутӀ. Ибрам илъэс блыщӀрэ тхурэ и ныбжьт Харан къыщикӀам щыгъуэ. 5ЗыщӀигъуащ Ибрам Сарай, и фызыр, ЛутӀи, и къуэшым и къуэр, къыздащтащ абыхэм я мылъку псори, здрашэжьащ абыхэм Харан щаӀа цӀыху псори; ежьащ ахэр, Ханаан щӀыналъэм кӀуэн папщӀэ; КӀуащ Ханаан щӀыналъэм. 6ПхрыкӀащ Ибрам а щӀыналъэм Шехэм щӀыпӀэм нэс, Морэ жыгеилъэм нэс. А щӀыналъэм а лъэхъэнэм щыпсэурт ханаан цӀыхухэр. 7Абдеж Зиусхьэныр Ибрам къыхуэзэри, къыжриӀащ:
– Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм естынущ Сэ мы щӀыналъэр.
КъыхуэкӀуа Зиусхьэным щыхуиухуащ Ибрам къурмэнщӀыпӀэ итӀанэ. 8Абдежым икӀри, ежьащ ар бгымкӀэ, Бэтэл и къуэкӀыпӀэмкӀэ; икӀи и шэтырыр игъэуващ, езым елъытауэ къухьэпӀэмкӀэ Бэтэл щыӀэу, къуэкӀыпӀэмкӀэ Ӏай щыӀэу; абдежым Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ щыхуиухуэри, елъэӀуащ Зиусхьэным. 9Ибрам тэджыжри, ипщэкӀэ кӀуэуэ адэкӀэ ежьэжащ.
Ибрам Мысырым зэрыщыӀар
10Щыгъаблэт а щӀыналъэм. Арати, ехащ Ибрам Мысырым, абы хамэу псэупӀэ щылъыхъуэну; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гъаблэм нэхъри зыщиубгъуат а щӀыналъэм. 11Ар Мысырым щынэблагъэм, и фыз Сарай жриӀащ мыпхуэду:
– Сэ сощӀэ уэ уи теплъэкӀэ бзылъхугъэ дахэу узэрыщытыр; 12Мысырым и цӀыхухэм укъалъагъумэ, «мыр мобы и фызщ» жаӀэнурэ сэ саукӀынущ, ауэ уэ псэууэ укъагъэнэнущ. 13АтӀэ жыӀэ уэ узишыпхъуу, си Ӏуэхур уэ уи хьэтыркӀэ фӀы хъун папщӀэ, си псэри уи фӀыгъэкӀэ къелын папщӀэ.
14Апхуэдэуи хъуащ Ибрам Мысырым къыщыкӀуэм. Мысыр цӀыхухэм ялъэгъуащ ар икъукӀэ бзылъхугъэ дахэу зэрыщытыр; 15Ар фирхьэуным и лӀакъуэлӀэшхэм къалъагъури, фирхьэуным хуаӀуэтащ абы и щытхъур; икӀи яшащ Сарай фирхьэун унэм. 16Ибрам и Ӏуэхухэр фӀы хъуат абы и хьэтыркӀэ; иӀэт абы Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шыдхэри, унэӀутхэри, унэӀут бзылъхугъэхэри, къыдырхэри, махъшэхэри. 17Ауэ Зиусхьэным удын хьэлъэхэмкӀэ хигъэщӀащ фирхьэунри абы и унэри, Ибрам и фыз Сарай щхьэкӀэ. 18Фирхьэуным Ибрам къриджэри жриӀащ:
– Сыт уэ къызэпщӀар? Щхьэ къызжумыӀарэ ар узэрифызыр? 19Щхьэ жыпӀат уэ «ар си шыпхъущ» жыпӀэу? Сэ ар си фыз сщӀы пэтащ. Мис иджы уи фызыр; здэшэжи, кӀуэж.
20Фирхьэуным абы теухуауэ унафэ яхуищӀри цӀыхухэм ирагъэжьэжащ ари абы и фызри, абы иӀа псори иратыжри.

Currently Selected:

1 Мусэ 12: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in