1 Мусэ 13
13
Ибрамрэ ЛутӀрэ зэрызэбгъэдэкӀар
1Ежьащ Ибрам Мысырым икӀыу ипщэкӀэ, и фызри, езым бгъэдэлъ псори, ЛутӀи щӀыгъуу. 2Ибрам икъукӀэ бейт, Ӏэщи, дыжьыни, дыщэи и куэдт.
3Пищэрт абы и Ӏэпхъуэшэпхъуэным ипщэкӀэ къикӀрэ БэтэлкӀэ кӀуэуэ, япэм езым и шэтырыр здэщыта щӀыпӀэу Бэтэлрэ Ӏай къалэмрэ я зэхуакум дэтым нэсу, 4япэу езым иухуауэ щытыгъа къурмэнщӀыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм нэсу; абдежми Ибрам щелъэӀуащ Зиусхьэным.
5Ибрам и гъусэу кӀуэ ЛутӀ иӀэт Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шэтырхэри. 6КъемэщӀэкӀырт абыхэм щӀыгур, зэгъусэу псэун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэдти, ахэр зэгъусэу псэуфыртэкъым. 7Арати, къыдэхъуащ зэдауэ Ибрам и Ӏэщыхъуэхэмрэ ЛутӀи Ӏэщыхъуэхэмрэ яку; ханаан цӀыхухэри пэриз цӀыхухэри абы щыгъуэ щыпсэурт а щӀыналъэм. 8ЖриӀащ Ибрам ЛутӀ итӀанэ:
– Къыдремыхъуэ уэри сэри, си мэлыхъуэхэми уи мэлыхъуэхэми дяку къайгъэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэӀыхьлыщ. 9ЩӀыналъэ псори уи пащхьэ къилъкъэ? АтӀэ збгъэдэкӀи, зэфӀэкӀащ. Уэ сэмэгумкӀэ укӀуэмэ, сэ ижьымкӀэ сыкӀуэнщ; уэ ижьымкӀэ укӀуэрэ, сэ – сэмэгумкӀэ.
10ЛутӀ и напӀэр къиӀэтри къилъэгъуащ Юрдан и Ӏэшэлъашэ псори, а щӀыналъэр Цоар нэсу псыкӀэ гъэнщӀауэ зэрыщытыр, Зиусхьэным и жыг хадэмрэ Мысыр щӀыналъэмрэ хуэдэу. Ар Зиусхьэным Содомрэ Ӏаморэрэ игъэкӀуэдын и пэщ. 11И щхьэм папщӀэ ЛутӀ къыхихащ Юрдан псым и Ӏэшэлъашэ псори; ежьащ ЛутӀ кӀуэкӀыпӀэмкӀэ итӀанэ. Арати, зэхэкӀащ ахэр. 12Ибрам щӀидзащ Ханаан щӀыналъэм щыпсэууэ; ЛутӀ аузым и Ӏэшэлъашэм ит къалэхэм щыпсэуну щӀидзэри, щригъэувыкӀащ и шэтырхэр Содом нэсу. 13Ауэ Содом дэсхэр бзаджэт, Зиусхьэным и пащхьэм гуэныхь куэд къыщахьат.
14Зиусхьэным жриӀащ Ибрам, абы ЛутӀ хэкӀа нэужь:
– КъэӀэт уи напӀэр, уэ иджы уздэщыӀэ щӀыпӀэм иплъыкӀи, плъэ ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи, къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи. 15ЩӀыгуу уи нэм къиубыдыр зэрыщыту Сэ уэстынущ уэри уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэми игъащӀэкӀэ фиӀэну. 16Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр пшахъуэм хуэдэу;
зыгуэрым пшахъуэр ибжын хузэфӀэкӀмэ,
уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэри бжа хъунущ.
17– Тэдж, къызэхэкӀухь мы щӀыналъэр и кӀыхьагъкӀи и бгъуагъкӀи: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ уэ уэстынущ ар.
18Ибрам шэтырыр иришажьэри ежьащ, икӀи щытӀысащ Хэврон къалэм щыӀэ Мамрэ#13:18 Мамрэ – цӀыхум и цӀэщ. жыгеилъэм деж; абдежми абы щыхуиухуащ Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ.
Currently Selected:
1 Мусэ 13: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017