1
1 Мусэ 11:6-7
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
ЖиӀащ Зиусхьэным: – Мис, зы лъэпкъщ, зы бзэщ псоми яӀэр; мис мыращ абыхэм яухуэну зыщӀадзар; сытым и ужь ихьэми, псори яхузэфӀэкӀынущ. АтӀэ дехынщи, щызэхэдгъэзэрыхьынщ абдежым абыхэм я бзэр, зым жиӀэр адрейм къыгурымыӀуэжу.
Compare
Explore 1 Мусэ 11:6-7
2
1 Мусэ 11:4
– Дыухуэнщ ди щхьэм папщӀэ къалэрэ уафэм щӀэуэу чэщанэрэ, ди цӀэри дгъэӀунщ, щӀылъэ псом дыщызэмыбгрыкӀыу, – жаӀащ абыхэм итӀанэ.
Explore 1 Мусэ 11:4
3
1 Мусэ 11:9
Абы къыхэкӀкӀэ, абы цӀэуэ фӀащащ: Бабилон; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдежым Зиусхьэным щызэхигъэзэрыхьащ щӀылъэ псом и бзэр, икӀи Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри.
Explore 1 Мусэ 11:9
4
1 Мусэ 11:1
ЩӀылъэ псом щыщыӀар зы бзэрэ зы псэлъэкӀэрэт.
Explore 1 Мусэ 11:1
5
1 Мусэ 11:5
Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну.
Explore 1 Мусэ 11:5
6
1 Мусэ 11:8
Арати, Зиусхьэным ахэр щӀылъэ псом щызэбгригъэкӀащ, абдежым къригъэкӀри, а щӀыкӀэмкӀи абыхэм щагъэтыжащ къалэр ухуэн.
Explore 1 Мусэ 11:8
Home
Bible
Plans
Videos