YouVersion logo
Ikona pretraživanja

Маттэ 9

9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 2:1-12; Лука 5:17-26)
1Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ. 2Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ:
– Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
3Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ:
– Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.
4Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, жиӀащ:
– Фи гум апхуэдэ гукъэкӀ бзаджэхэр щӀилъыр сыт? 5Сытыра нэхъ тыншыр «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныр ара? 6Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#9:6 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ:
– КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.
7А лӀыр къэтэджри, и унэм кӀуэжащ. 8ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
И гъуэгу ирикӀуэну, Хьисэ Маттэ къызэрыхуриджар
(Марк 2:13-17; Лука 5:27-32)
9АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр#9:9 хьэкътын ахъшэр – еплъ 5:46. щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ.
– Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
10Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт. 11Фарисейхэм#9:11 фарисейхэр – еплъ 3:7. ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ:
– Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?
12Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ:
– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэ-хэращ. 13ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм#9:13 Тхьэм жиӀа мы псалъэхэр – еплъ Хьошеа (Осие) бегъымбарым и тхылъым 6:6. къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
НэщӀым теухуауэ журт пашэхэр Хьисэ къызэреупщӀар
(Марк 2:18-22; Лука 5:33-39)
14Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж къакӀуэри, къыжраӀащ:
– Фарисейхэмрэ дэрэ куэдрэ донэщӀ.#9:14 донэщӀ – фарисейхэр, езым яфӀэфӀу, тхьэмахуэ къэс махуитӀкӀэ нэщӀырт. Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?
15– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
16– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым, щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущи. 17ФадэщӀэр фэнд тӀорысэм ирагъахъуэркъым. Апхуэдэу ящӀмэ, фэндхэр къызэгуэитхъынурэ фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэрщ зрагъахъуэр. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.
Пашэ гуэрым ипхъу лӀар Хьисэ къызэригъэтэджыжар; И щыгъын кӀапэм къеӀуса цӀыхубзыр Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 5:21-43; Лука 8:40-56)
18Хьисэ а псалъэхэр цӀыхухэм щажриӀэм, пашэ гуэр къыбгъэдыхьэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ:
– Си пхъур малӀэри телъщ, ауэ унакӀуэрэ, уи Ӏэр теплъхьэмэ, ар лӀэнукъым.
19Хьисэ къэтэджщ, и гъуэгу ирикӀуэхэр зыщӀигъури, а пашэм и гъусэу кӀуащ.
20ЦӀыхубз гуэр, илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, лъы куэд щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. Ар Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ; 21игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ».
22ЗэплъэкӀри, а цӀыхубзыр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ:
– Умыдзыхэ, си хъыджэбз. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
Абдеж дыдэм къыщыщӀэдзауэ а цӀыхубзыр хъужащ.
23А пашэм и унэм щӀыхьэри, бжьамияпщэхэри цӀыху гупышхуи зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу щилъагъум, 24Хьисэ къыжиӀащ:
– ФыщӀэкӀ, хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей.
Хьисэ ар щыжиӀэм, абдеж щытхэр къыщыдыхьэшхащ. 25ЦӀыхухэр щӀигъэкӀа нэужь, хъыджэбз цӀыкӀум деж щӀыхьэри, Хьисэ абы и Ӏэр иубыдащ. Щиубыдым, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэуващ. 26А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.
Хьисэ лӀы нэфитӀ зэригъэхъужар
27А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт:
– Даут и Къуэ,#9:27 Даут и Къуэр – «КъегъэлакӀуэр» Даут пащтыхьым и лъэпкъым зэрыщыщым щхьэкӀэ журтхэр абы «Даут и КъуэкӀэ» йоджэ. гущӀэгъу къытхуэщӀ!
28Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ:
– Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ?
– Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.
29Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ:
– Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.
30Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ.
– Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ. 31АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.
Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэр Хьисэ зэригъэхъужар
32Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ. 33Хьисэ жин бзаджэр а лӀым хихужри, бзагуэр къэпсэлъащ. Ар зылъэгъуа цӀыху псоми ягъэщӀагъуэурэ жаӀэрт:
– Израил къэралым мыпхуэдэ Ӏуэху зэи щытлъэгъуакъым!
34Ауэ фарисейхэм жаӀащ:
– Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
ЦӀыху гупышхуэм Хьисэ гущӀэгъу зэрахуищӀар
35Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт. 36Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ. 37И гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. 38Аращи, гъавэр Ӏуахыжьын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.

Trenutno odabrano:

Маттэ 9: KbdNTGP2017

Istaknuto

Podijeli

Kopiraj

None

Želiš li svoje istaknute stihove spremiti na sve svoje uređaje? Prijavi se ili registriraj

Videozapis za Маттэ 9