Руфэ 3
3
Руфэрэ БоӀэзрэ хьэмым
1Руфэ и гуащэ НэӀумий къыжриӀащ зэгуэрым: «Уэ пӀэщхьагъ зэрозгъэгъуэтыжыным сегугъун хуейкъэ, сипхъу цӀыкӀу, уи насыпыр зэтеувэжын щхьэкӀэ? 2Зи унэӀут цӀыхубзхэм уаригъуса а БоӀэз дэ ди Ӏыхьлыкъэ? НтӀэ, къэдаӀуэ, ныщхьэбэ абы хьэмым хьэр щыщӀегъэпщ. 3Аращи, зыгъэкъабзэ, мэ гуакӀуэ къызыпих дагъэ зыщыхуэ, уи щыгъын нэхъыфӀхэр зыщытӀагъи, хьэмым кӀуэ. Ауэ абы зыкъомыгъэлъагъу, ефэнешхэн иухыху. 4Ар щыгъуэлъкӀэ кӀэлъыплъи, здэгъуэлъыр зэгъащӀэ. ИтӀанэ кӀуэи, и лъапэм деж къэӀэти, гъуэлъ. Абы къыбжиӀэнщ пщӀэнур».
5«Псори уэ зэрыжыпӀам хуэдэу сщӀэнщ», – жэуап къритыжащ Руфэ. 6Ар хьэмым кӀуэри, и гуащэм унафэ къызэрыхуищӀам тету псори ищӀащ.
7БоӀэз и ефэнешхэныр иухри, гукъыдэжыфӀ иӀэ хъуауэ, гъавэ самэм и къуагъым щыгъуэлъащ. Руфэ щэхуу къыбгъэдыхьэщ, и лъапэм деж къиӀэтри, гъуэлъащ.
8Жэщыбгым БоӀэз къыхэщтыкӀщ, зигъазэри, и лъапэм деж цӀыхубз щылъу къилъэгъуащ. 9«Ухэт уэ?» – щӀэупщӀащ ар.
«Сэ сы-Руфэщ, уи унэӀутырщ, – жиӀащ Руфэ. – Уи щыгъын кӀапэр къыстеубгъуэ#3:9 Уи щыгъын кӀапэр къыстеубгъуэ – щхьэгъусэ къыхуэхъуну къызэрелъэӀур къызэрыкӀ псалъэхэщ (журтыбзэкӀэ). , сыту жыпӀэмэ уэ ди щэхужакӀуэ Ӏыхьлы гъунэгъухэм уащыщщ».
10«Зиусхьэным и нэфӀыр къыпщыхуэ, ди шыпхъу, – жиӀащ БоӀэз. – Мы ӀуэхуфӀ уэ пщӀар уи гуащэм иджыри къэс хуэпщӀа псом нэхърэ нэхъыфӀыжщ, уэ щӀалэхэм, къулейуи тхьэмыщкӀэуи ирехъуи, къакӀэлъыбжыхьакъым. 11Иджы, ди шыпхъу, умышынэ. Сэ уэ узыщӀэлъэӀуа псор пхуэсщӀэнщ. Ди жылэм дэс псоми ящӀэ уэ цӀыхубзым пщӀэ зэрыпхуэфащэр. 12Пэжщ, сэ сыщэхужакӀуэ гъунэгъущ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ гъунэгъужи щыӀэщ. 13Мыбдеж нэху къыщекӀи, пщэдджыжь абы укъишэну хуеймэ, хъарзынэщ – апхуэдэу ирехъу. Ауэ ар хуэмеймэ, сэ укъызошэ. Ар пэжщ Зиусхьэныр зэрыщыӀэр зэрыпэжым хуэдэу. Мыбдеж щыжей, нэху щыху».
14Ар абы и лъапэм деж нэху къыщекӀащ, ауэ жьы дыдэу къэтэджащ, иджыри зы цӀыхур адрейм къимыцӀыхуфыну кӀыфӀу. «Зыми къремыщӀэ хьэмым цӀыхубз къызэрыкӀуар», – жиӀащ БоӀэз. 15Абы Руфэ жриӀащ: «Мыдэ къащтэт птеубгъуа уи ӀэлъэщӀыр». Руфэ и ӀэлъэщӀыр зытрихри, къыхуишиящ, БоӀэз абы хьэ пщалъих#3:15 Пщалъих – килограмм щэщӀ хуэдиз мэхъу. трикӀутэри, дэӀэпыкъуурэ къригъэщтащ. БоӀэз жылэм игъэзэжащ абы и ужькӀэ.
16Руфэ и гуащэм деж къэкӀуэжа нэужь, НэӀумий къеупщӀащ: «Дауэ хъуа, сипхъу цӀыкӀу?»
Арати, Руфэ абы жриӀэжащ БоӀэз къыхуищӀа псор, 17икӀи къыпищащ: «Абы „Уи гуащэм деж ӀэнэщӀу умыгъэзэж“ жиӀэри, мы хьэ пщалъихыр къызитащ!»
18НэӀумий жиӀащ: «УмыпӀащӀэ, сипхъу цӀыкӀу, плъагъункъэ а Ӏуэхур зэриухынур. А лӀым и гур зэгъэнукъым, нобэ ар зэфӀимыгъэкӀауэ».
S'ha seleccionat:
Руфэ 3: АдгФЛ
Subratllat
Comparteix
Copia
Vols que els teus subratllats es desin a tots els teus dispositius? Registra't o inicia sessió
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021