Гъэсэпэтхыдэхэр 3
3
ЕЩАНЭ ӀЫХЬЭ
Тхьэуэ Зиусхьэным егъэз уи дзыхь
1Ущиеу узыщӀэзгъэдэӀухэр, си щӀалэ,
зыщумыгъэгъупщэ,
унафэу пхуэсщӀхэри къренэ уигу:
2абы уи гъащӀэр илъэс куэдкӀэ яшэщӀынущ,
ехъулӀэныгъи гупсэхугъуи#3:2 ЖуртыбзэкӀэ мыхьэнэ куэд къызэрыкӀ «шалом» псалъэращ. «Мамырыгъэ», «ехъулӀэныгъэ», «псэуныгъэ», «узыншагъэ» мыхьэнэхэри иӀэщ.
къыпхуахьынущ.
3ФӀылъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ пэӀэщӀэ
уахуэмыхъукӀэ,
гъащӀэ гъуэмылэу ахэр зехьэ,
гущӀагъщӀэлъыбзэуи къехьэкӀ#3:3 Журт. «уи пщэм къешэкӀи, уи гущхьэм тетхэ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
4КъыплъэӀэсынщ итӀанэ Тхьэм и нэфӀыр,
удыхьэнщ итӀанэ цӀыхухэм ягу.
5ГущӀэ лъащӀэ псомкӀи Тхьэуэ Зиусхьэным
дзыхь егъэз,
уи акъылым ущымыгугъыщэ;
6кӀуапӀэу хэпшхэми Тхьэр къыщылъыхъуэ,
уи гъуэгур занщӀэ мис Абы ищӀынщ.
7ЦӀыху Ӏущу зыкъыпфӀэщӀыжыным щыщтэ,
Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ зэпыт,
бзаджэм зыпыӀудз:
8ар уи Ӏэпкълъэпкъым хуэщхьэпэнщ,
уи гуащӀэми къыхигъэхъуэнщ.
9Къыпхэхъуэм щыщкӀэ Тхьэуэ Зиусхьэным
фӀыщӀэ хуэщӀ,
гъаващхьэ тыхьри лъыгъэс#3:9 Тэурэт Хабзэм ипкъ иткӀэ, япэу кърахьэлӀэ гъавэр Тхьэм ейщ, журтхэми ар Абы фӀыщӀэепэс тыгъэу къыхуахьынуи пщэрылъ яӀэщ.;
10уи гуэн я лъащӀэ унэмыплъысыфу хъунщ,
санэхури санэщӀэхухэм
къащхьэпрыжынщ.
11УемыпэгэкӀ, си щӀалэ, Тхьэуэ Зиусхьэным
ущиузэхужкӀэ,
Абы и гие псалъэри зоумыусыгъуэджэ:
12зэрыхуэхъущӀэм ещхьу фӀыуэ илъагъу быным
адэр
Тхьэуэ Зиусхьэнри и щӀасэхэм йогие.
Ӏущыгъэм и гъуэгухэр
13Ежьащ гъуэгу махуэ Ӏущыгъэр къэзыгъуэтыр,
ехъулӀащ зиӀэр зэхэщӀыкӀ;
14Ӏущыгъэр йолъэпӀэкӀ дыжьыным,
дыщэ плъыжьым хуэмыдэуи и хэхъуэр инщ.
15Налкъутналмэсхэм нэхъри ар нэхъ лъапӀэщ,
уи гум фӀэӀэфӀхэм ящыщу абы пэхъуни зы
щымыӀэ.
16ГъащӀэ кӀыхькӀэ ар къыпхуэупсэнщ,
къыуэтэнущ мылъкурэ щӀыхькӀи#3:16 Журт. «ГъащӀэ кӀыхьыр и Ӏэ ижьым илъщ, мылъкумрэ щӀыхьымрэ и Ӏэ сэмэгум илъщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
17Абы и гъуэгухэр – гъуэгу гурыхьщ,
абы и гъуэгухэр – мамыр гъуэгущ.
18Иригъуазэ псомкӀи ар гъащӀэ жыгщ,
ар зыӀэщӀэзмыгъэкӀри ехъулӀащ.
19Мы дунеижьыр Тхьэуэ Зиусхьэным и Ӏущыгъэщ
къызэригъэщӀар,
и акъылщ уафэгури зэрыхуищӀыжар;
20и щӀэныгъэщ щӀы къат лъащӀэншэхэр
къызэгуитхъыу псыхэр зыутӀыпщар#3:20 Журт. «щӀы щӀагъхэр зэгуэзыгъэкӀар». Зи гугъу ищӀыр е дунейр къищыгъэщӀым щыгъуэщ, е Нухь бегъымбарым и лъэхъэнэу дунейр псыкӀэ Тхьэм щикъутэжам щыгъуэщ.,
уафэпшэхэми уэшхыпсыр къезыгъэхьыр.
21Акъыл жаныгъэр, зэхэщӀыкӀыр, щӀалэ,
умыбгынэ,
абыхэм зэикӀ уатемыплъэкъукӀ;
22уэр папщӀэ ахэр хъунщ гъащӀэ гъуэмылэ,
сыт щыгъуи ахэр уэ къыпщхьэпэжынщ#3:22 Журт. е «пхуэхъунщ ахэр пщэрыдзэ лъапӀэ», е «пхуэхъунщ ахэр дыуэ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
23Шынагъуэншэ хъунщ итӀанэ гъуэгуу узытетыр,
урикӀуэнщ абы умылъэпэрапэу;
24къыхэщт жыхуаӀэр пщӀэнкъым, угъуэлъамэ,
уи жеипэри пщӀыхь ӀэфӀхэм хэтуи ипхынщ.
25Ущымышынэ бэлыхь зэуэзэпсэм,
бзаджащӀэхэм я кӀуэдыр къызэрыкӀми
ущымыщтэ, –
26къэнэнущ Тхьэуэ Зиусхьэныр сыт щыгъуи
уи гугъапӀэу,
уи кӀуапӀэхэр кӀуэдыпӀэми хуишэнкъым.
Ӏущыгъэмрэ хабзэ-зэхэтыкӀэхэмрэ
27ФӀыр зыхуэфащэм епэс,
ар уи ӀэмыщӀэ илъмэ.
28ПхузэфӀэкӀыу щытмэ, къолъэӀуми хуэщӀэ,
«ИужькӀэ къакӀуэ, уэстынщ пщэдей!» –
жумыӀэ.
29ЦӀыхум щхьэкӀэ къыумыгъэкӀ уи гум Ӏей,
гурыщхъуэншэу ар къыщыбдэпсэукӀэ.
30Щхьэусыгъуэншэу цӀыхум уфӀэмынэ,
фӀэгъэнапӀэ пщӀын къыщыуимыщӀакӀэ.
31Уемыфыгъуэ цӀыху мэхъаджэм,
ар зэрыкӀуэ зы гъуэгуи утемыувэ, –
32Тхьэуэ Зиусхьэным хуищӀащ гущыкӀ цӀыху
тхьэгъэпцӀым,
Абы и дзыхь цӀыху захуэхэрщ зригъэзыр.
33БзаджащӀэхэм я унэм Тхьэуэ Зиусхьэным нэлат
ярех
захуащӀэхэм я унэм Ар нэфӀкӀэ йоплъ.
34ЦӀыху щӀэнэкӀалэхэм Тхьэр ящӀонакӀэри,
зыхуэзыгъэцӀыкӀухэми и фӀыгъэр йокӀ.
35Акъыл зыбгъэдэлъым щӀыхь игъуэтынурэ,
акъылыншэм и напэр текӀынущ.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 3: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021