YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 4

4
ЕПЛӀАНЭ ӀЫХЬЭ
Ӏущыгъэр псом я щхьэщ
1ФыкъедаӀуэт, щӀалэхэ, фи адэ и ущие,
гупсэхуу фыщӀэдэӀут, акъыл хэфхыным
щхьэкӀэ –
2сэ фэ вжесӀэнур гъэсэпэтхыдэжьщ,
фызыхуэзущийр фымыщӀ ӀэщӀыб.
3Си адэ и жьэгужь щӀалэжь цӀыкӀуу
сыщыдэсым,
си анэ и щӀалэ гъэфӀэн закъуэу
сыщыщытым,
4си адэ сиущийурэ къызжиӀэрт:
«Уигу иубыдэ псалъэу уэркӀэ хэсхыр,
унафэу пхуэсщӀым утемыкӀмэ, гъащӀэ уиӀэщ.
5Ӏущыгъэрэ акъылрэ зэгъэгъуэт;
псалъэу бжесӀахэр уигу иумыгъэхуж икӀи
умыбгынэ.
6умыщӀ ӀэщӀыб Ӏущыгъэр – абы укъихъумэнщ,
гурыщӀэ дахэ хуэщӀи, укъызэтринэнщ.
7ЩыӀэкъым Ӏущыгъэм и щхьэ кӀуэ,
зэбгъэгъуэтыну ар хущӀэкъу.
Сыт уи Ӏэ къимыхьэми, акъылыр япэ уэ игъэщ#4:7 Е «Сыт убгъэдэмылъами, акъыл абыкӀэ зэгъэгъуэт»..
8Лъытэныгъэ хуэщӀи, уигъэлъэпӀэжынщ,
уи гур хузэӀупхмэ#4:8 Журт. «ӀэплӀэ епшэкӀмэ»., щытхъуи къыпхуихьынщ.
9Къыпхилъхьэнщ абы уэ щэн дахэ,
уи щӀыхьри лъагэу иӀэтынщ#4:9 Журт. «къыпщхьэратӀэгъэнщ абыхэм уэ къэгъагъэ блэрыр, щӀыхь пыӀэм я нэхъ лъапӀэмкӀи къотэнщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ.».
10КъызэдаӀуи, щӀалэ, псалъэу пхухэсхахэр
къащтэ,
итӀанэ гъащӀэ кӀыхь ухъунщ.
11Узыхуэзущийр Ӏущыгъэм и гъуэгущ,
узытезгъэувэри абы и лъагъуэ захуэхэрщ.
12УщрикӀуэкӀэ – щӀэкӀынущ уи лъэр хуиту,
ущрижэкӀи – улъэпэрэпэнкъым.
13Си ущие быдэу иригъуазэ, ухуэмыбэлэрыгъ;
уи гъащӀэр абы хэлъщи, тегъэт уи нэӀэ.
14БзаджащӀэхэм я гъуэгу утемыувэ,
щӀэпхъаджэхэм я лъагъуэ думычых.
15Зыщыдзей а гъуэгум, уримыкӀуэ,
уи щӀыб хуэгъази, блэкӀ.
16ЯщӀэнукъым абыхэм еши псэхуи,
бзаджагъэ гуэр ямыщӀэу щытмэ,
жей жыхуаӀэри яӀэнукъым,
зыгуэрым зэраныгъэ ирамыхыу щытмэ.
17Ялэжьмэ мыхъумыщӀагъэ –
я мэжэщӀалӀэ ягъэнщӀым хуэдэщ,
я псыхуэлӀэ зэрырагъэкӀри лей
зэрахьэрщ#4:17 Журт. «Хабзэншагъэм и щӀакхъуэр яшхри, щӀэпхъаджагъэм и санэр ираф». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
18ЗахуащӀэхэм я гъуэгу пщэдджыжь пшэкӀэплъ
къэщӀыгъуэм ещхьщ,
дыгъэпсым зиӀэтыху нэхъ ину
къызэщӀэблэу.
19Ауэ бзаджащӀэхэм я гъуэгу мазэхэ жэщым
хуэдэщ;
я гущхьэ лъапсэм къэкӀкъым
зыгъэлъэпэрапэр сытми.
20Си щӀалэ, си жыӀэ уи нэӀэ тегъэт;
си псалъэхэми уигу теухуауэ едаӀуэ.
21Абыхэм зэикӀ уатемыплъэкъукӀ,
ахэр зэикӀ уигу иумыгъэху;
22къэзыгъуэтымкӀэ ахэр гъащӀэщ,
ӀэпкълъэпкъымкӀи – узыншагъэщ.
23Псом япэ уигу щыхъу-щыщӀэхэм хуэсакъ,
аращ уи гъащӀэ гъуэгур зыунэтӀыр#4:23 Журт. «гъащӀэр къыщежьэр абдежщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
24ПцӀым зыщыхъумэ,
уи бзэгупэ псалъэ пхэнж
къытумыгъыхьэ.
25УтемыплъэкъукӀыу япэкӀэ плъэ зэпыт,
щрет уи гур хуэгъэзауэ а лъэныкъуэм.
26Гъуэгу захуэм узэрытемыкӀынум егупсыси,
шынагъуэншэ хъунщ уи кӀуапӀэр.
27Думыдзых ижькӀи, сэмэгукӀи,
хуэщӀ уи лъэр ем пэӀэщӀэ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 4