YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 24

24
ТӀОЩӀРЭ ЕПЛӀАНЭ ӀЫХЬЭ
– 19 –
1Уемыхъуапсэ цӀыху бзаджащӀэм,
а гупым уахыхьэнуи ухущӀэмыкъу:
2абыхэм я щхьэ илъыр лей зехьэнырщ,
я бзэгупэ псалъэу къытекӀри зы къэмынэу
щӀэпхъаджагъэщ.
– 20 –
3ӀущыгъэкӀэ яухуэри унэ лъапсэр,
акъылкӀэ ягъэув и лъабжьэр.
4ХъугъуэфӀыгъуэбэ лъапӀейхэмкӀэ
абы и жьэгур ещӀ щӀэныгъэм щыз.
– 21 –
5ЗауэлӀ Ӏущыр – лъэщщ,
зэхэщӀыкӀ зиӀэм и гуащӀэми къыхохъуэ.
6ЩебгъэкӀуэкӀкӀи зауэр, псалъэ Ӏущу
къыуахьэлӀэхэм щӀэдэӀу;
къыдихынщ ехъулӀэныгъэр чэнджэщэгъур
зи бэм.
– 22 –
7Пэжыжьэщ цӀыху акъылыншэр ӀущыгъэкӀэ зэджэм,
унафэу къаухэсхэм щыӀэкъым хилъхьэн.
– 23 –
8Ем хущӀэкъум йоджэ цӀыху бзаджейкӀэ.
9Акъылыншэм къигупсыс псори гуэныхь
зыпылъщ,
цӀыхум гущыкӀ зыхуищӀри щӀэнэкӀалэрщ.
– 24 –
10Укъэдзыхамэ гузэвэгъуэ махуэм,
и уасэкъым лъэщагъэу пкъуэлъым щай.
– 25 –
11Ажалым лажьэншэу ирашалӀэхэр къегъэл,
укӀыпӀэм ирашэхэр къаӀэщӀэх.
12«ХэтщӀыкӀакъым дэ абы зыгуэри» –
жыпӀэнкӀи хъунщ,
ауэ къыпщыхъукъэ уи гум ихъыкӀ псоми
ПлъапӀэм Итыр щыгъуазэу?
Уи гъащӀэр Зи Ӏэ Илъым ар имыщӀэу пфӀэщӀрэ?
Щхьэж ищӀам пэкӀуэжыр зэритыжынур
хьэкъкъэ?
– 26 –
13Къэпшхкъэ фор, си щӀалэ, ар икъукӀэ
гуакӀуэщ,
икӀи къыпӀурыӀэфӀэнщ фо хьэкӀуэр.
14ЗэгъащӀэ: Ӏущыгъэри псэм фӀэӀэфӀщ,
къэбгъуэтмэ ар – уиӀэщ гъащӀэ,
гугъапӀэу пщӀыхэми яӀэнкъым кӀуэд.
– 27 –
15ХъунщӀакӀуэм ещхьу захуащӀэм и унэ
тӀысыгъэ иумыщӀылӀэ,
и лъапсэри зэрумыпхъуэ.
16ЦӀыху захуащӀэр сыт хуэдизрэ мыджэлами#24:16 Журт. «блэней джэлами», «блэгъуэгуэгъуэ джэлами». «Блы» бжыгъэр Ӏуэхур нэсу зэрызэфӀэхьар, ирикъуу зэрызэфӀэхар, щыз зэрыхъуар къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэу зэрыщытым и щапхъэхэм куэдрэ журтыбзэм ущрохьэлӀэ.,
къэтэджыжынущ,
зимыӀэ къикӀ кӀуэдыпӀэми бзаджащӀэхэр
ихуэнущ.
– 28 –
17Уи жагъуэгъу джэламэ, умыгуфӀэ,
ихуауэ щытми ар кӀуэдыпӀэм, уигу
тумыгъэпщахэ.
18Тхьэуэ Зиусхьэным ар щилъагъукӀэ,
къыщыхъунщ игъуэджи,
и губжьыр дэхуэхам щхьэщихынщ.
– 29 –
19Зумыгъэхь бзаджащӀэм и бампӀэм,
мыхъумыщӀэхэми уемыфыгъуэ:
20пыбжыкӀагъэххэщ мыхъумыщӀэхэм я махуэр,
бзаджащӀэми и гъащӀэр уэздыгъэпс
нэхунэу зэуэ ункӀыфӀынущ.
– 30 –
21ЯфӀэлӀыкӀ, си щӀалэ, Зиусхьэну уи Тхьэмрэ
пащтыхьымрэ,
абы запэщӀэзысэхэр умыщӀ уэ пэщӀэщӀэгъу.
22Тхьэшхуэри пащтыхьри яхуэхъунщ абыхэм
напӀэзыпӀэм хуэфӀ,
хэти ищӀэн мыбы бэлыхьлажьаеу
къыхэкӀынур зыхуэдизыр?
ЦӀыху Ӏущхэм жаӀауэ иджыри зы псалъэ гуп
23ЦӀыху Ӏущхэщ мы псалъэхэри жызыӀар:
ЩӀагъуэкъым нэфӀ-ней зыхэлъ хьэкумыр.
24Къуаншэр хей зыщӀым
цӀыху цӀыкӀум я нэлатыр къилэжьащ,
лъэпкъыбэм я гыбзафэри хуагъэш.
25Мысэм и хьэкъыр езыгъэгъуэтыр ехъулӀэнщ,
хъуэхъубэхэри хуагъэшынщ.
26Жэуап щыпкъэр –
ныбжьэгъу пэжым къыуишэкӀа ӀэплӀэм
хуэдэщ#24:26 Журт. «къыпхуищӀа бам хуэдэщ»..
27Уи губгъуэ хьэсэхэр зыхуей хуэгъази,
Ӏуэхуфэу илъыр ух,
мис итӀанэ унэ пщӀынуми ухуитщ.
28ЦӀыхум щыхьэтыпцӀу укъыхуэмыув,
псалъэ пцӀыӀуэпцӀышэм зыщыдзей.
29ЖумыӀэ: есщӀэжынущ къызищӀар,
къызипэсар еспэсыжынущ!
30СыблэкӀт зэгуэрым цӀыху щхьэхынэм и хьэсэм,
цӀыху акъылыншэм и жызум хадэм:
31соплъри, къуацэжь-пабжьэжьу зэщӀэкӀэжащ,
удзыжьми зэщӀищтэжащ,
и мывэкъалэхэри къэсэхыжащ.
32СызыщӀэгупсысыжащ а псор щыслъагъум,
сыщеплъыжыпэм – къыхэсхащ акъыл:
33мащӀэу укъыпыжеикӀынщ, мащӀэу ущхьэукъуэнщ,
уи Ӏэр уи щхьэ щӀэдзауэ тӀэкӀуи ущылъынщи,
34къыптеуэнщ итӀанэ къулейсызыгъэр
хъунщӀакӀуэм#24:34 Е «хьэулейм». ещхьу,
къыплъэщӀыхьэнщ тхьэмыщкӀагъэри
хъырцыжьым хуэдэу.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 24