YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 23

23
ТӀОЩӀРЭ ЕЩАНЭ ӀЫХЬЭ
– 6 –
1Тетыгъуэ зиӀэм удэшхэну ущытӀыскӀэ,
умыщӀыкӀэншэ, зыхуэсакъыж,
2уцӀыху шхэкӀейуэ щытмэ,
шыӀагъэ зыхэгъэлъ.
3Шхын хэплъыхьауэ къралъхьэми уи пащхьэ
уемыхъуапсэ –
абы къуэлъ псори пщӀэркъым уэ зищӀысыр.
– 7 –
4Мылъку угъуеиным зыдебгъэхьэхыу зумыухыж,
къэувыӀэр пщӀэн хуэдизу зыхэгъэлъ Ӏущыгъэ.
5Мылъкур уэсэпсщ, напӀэдэхьеигъуэм кӀуэдыжынущ,
зищтэнурэ бгъэ хуарзэу уэгум ихьэжынущ.
– 8 –
6Быдэм и Ӏэнэ упэрымытӀысхьэ,
шхын хэплъыхьауэ кърилъхьэми уи пащхьэ
уемыхъуапсэ.
7КъыбжиӀэу щытми: «ефэ, ешхэ» –
къыпхузэӀухакъым абы и гур,
къыптригъэкӀуэдарщ ар зэгупсысыр#23:7 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
8Уи гур къигъэкӀуэнщ пшха тӀэкӀуми,
фӀыщӀэгуапэу пщӀари кӀуэдыжынщ.
– 9 –
9УмыщӀ псэлъэгъу цӀыху акъылыншэр,
къыфӀэӀуэхункъым абы уи псалъэ Ӏущхэр.
– 10 –
10Пасэрей гъунапкъэу тур зытращӀар умыгъэӀэпхъуэ,
зеиншэхэм я хьэси уемыӀэб.
11Абыхэм ЩхьэщыжакӀуэу къащхьэщытыр лъэщщ,
къыппэщӀэувэнщи Ар, я Ӏуэхур зэфӀихынщ.
– 11 –
12Уи гур хузэӀух ущием,
щӀэныгъэ зыхэлъ псалъэми щӀэдэӀу.
– 12 –
13УтемыплъэкъукӀ сабий зэраным,
зы фэлъыр ихыгъуэм къришынщ кӀуэдыпӀэ ар#23:13 Е «фэлъыр ихыгъуэм иукӀынкъым ар»..
14Ущымысхьи зы чы уэгъуэм –
щыпхъумащ ажалым ар.
– 13 –
15Си щӀалэ, Ӏущыгъэр уигу илъ зэпытмэ,
гушхуагъэ къысхэхъуэнущ сэри.
16ГуфӀэ-гупсэм зэщӀищтэнущ си псэр,
уи бзэгупэ псалъэ пэж къытекӀмэ.
– 14 –
17Гуэныхь зылэжьхэм уемыфыгъуэ,
сыт щыгъуи фӀэлӀыкӀ уэ Тхьэуэ Зиусхьэным:
18уи зы пщэдей махуэ къыпищэнщ махуищэ,
гугъапӀэу пщӀыхэми яӀэнкъым кӀуэд.
– 15 –
19КъызэдаӀуэт, щӀалэ, акъылым хэгъахъуэ,
гъуэгу захуэми теухуэ уигу.
20Уахэмыхьэ фадэм дихьэххэм,
уемыблэ лыми:
21фадафэмрэ ныбаблэмрэ хъунщ щӀэх тхьэмыщкӀэ,
ешхэ-ефэрэ жей Ӏувым хилъэфэж зэпытри
факъырэ фэнжейр иӀыгъыу хыхьэжынщ.
– 16 –
22Зипкъ укъикӀа уи адэм хуэжыӀэщӀэ,
жьы хъуа уи анэми нэмыплъ иумыт.
23Пэжыгъэр зэгъэгъуэти, зыӀэщӀумыгъэкӀ,
Ӏущыгъэм, ущием, акъылым лъыхъуэ зэпыт.
24Хэтщ гуфӀэгъуэ мыухыжым цӀыху захуащӀэм
и адэр,
зи бын Ӏущри мэгушхуэ.
25ИрегуфӀэ уи адэ-анэр,
ирегушхуэ укъэзылъхуа уи анэр!
– 17 –
26Къэгъазэт, щӀалэ, уи гур си дежкӀэ,
зоумыусыгъуэджэуи си гъащӀэм тех уэ щапхъэ.
27ЗэгъащӀэ: цӀыхубз дэхуэхар –
хуэдэщ мащэ куум,
хамэ цӀыхубзри псыкъуий щӀэншэм ещхьщ:
28хъунщӀакӀуэм хуэдэу ар къыппотӀысри
цӀыхухъу гъэпцӀакӀуэхэр егъэбагъуэ.
– 18 –
29Хэт уэуэур зи махуэр?
Хэт уэуитӀыр зыгъэшыр?
Хэт къаугъэзэхэшэр?
Хэт тхьэусыхафэ шауэр?
Хэт щхьэусыгъуэншэу къаудыныхьар?
Хэт зи нэхэр иуэжар?
30Фадэ пӀащӀэр зи нэрыгъыу,
фомыл фадэм и лъыхъуакӀуэрщ.
31ЗумыгъэгъапцӀэ санэплъу сыхъэр къызыхихым,
уеплъамэ, уи гурыӀупсыр къэзыгъажэм!
32Ар блэм хуэдэу къодзэкъэж иужькӀэ,
блэ шэрэзым ещхьуи зыкъыпхеукӀэж.
33Уи нэкъыфӀэщӀхэр къызэщигъэунщ#23:33 Е «Хамэ цӀыхубзхэм къыщӀигъэхьэнущ уи нэгу».,
уи акъылри игъэутхъуэнущ.
34Узэрихьэнущ хым кърихьэкӀ кхъухьым илъым
хуэдэу,
кхъухь пкъоущхьэм щыжейм ещхьу.
35«Къызадзыгъат сэ удын бзаджэр, –
жыпӀэжынущ, –
арщхьэкӀэ узыр зыхэсщӀакъым!
Сыкъаудыныхьыгъат, ауэ ари хъымпӀар
сщӀакъым.
Зэ сыкъэушамэ, сежьэнт щхьэщӀыж!»

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 23