Гъэсэпэтхыдэхэр 22
22
ТӀОЩӀРЭ ЕТӀУАНЭ ӀЫХЬЭ
1Дуней мылъку нэхърэ нэхъыфӀщ уи цӀэ фӀыкӀэ
къраӀуэныр,
дыщэрэ дыжьынрэ нэхърэ нэхъ лъапӀэщ
къэблэжьа щытхъури.
2ТхьэмыщкӀэри хуэщӀауэ псэури зыкӀэ зэщхьщ:
тӀури Тхьэуэ Зиусхьэным къигъэщӀащ.
3Къыпэщылъ шынагъуэр щилъагъукӀэ цӀыху
губзыгъэм – зыхуещӀ пэӀэщӀэ,
жыӀэзыфӀэщым и гъуэгу и занщӀэщ –
къекӀынщ абы и лажьэ бзаджэр.
4Тхьэуэ Зиусхьэным зыхуэгъэлъэхъшэным,
фӀэлӀыкӀыным пэкӀуэр –
мылъкущ, щӀыхьщ икӀи гъащӀэщ.
5ЦӀыху бзаджейм и гъуэгупэ шынагъэрэ
лъэпощхьэпор щыкуэдщ;
и псэ еблэжым захуищӀынщ абыхэм
пэжыжьэ.
6Сабийр гъуэгу захуэм хуэущии,
и жьыщхьи ар абы текӀынкъым.
7Бейр тхьэмыщкӀэм и гущӀыӀум итщ,
зи щӀыхуэ птелъми урипщылӀщ.
8Ем лъыхъур ем хуэзэжынщ,
и тетыгъуэ гущӀэгъуншэми кӀэ игъуэтынщ.
9Зи Ӏэгу зи Ӏэнэу тхьэмыщкӀэм хущыт цӀыху
хьэлэлыр
теувэнщ гъуэгу махуэ.
10ЦӀыху щӀэнэкӀалэр зыхэфхуи –
хьэргъэшыргъэм фыхуэхъунщ пэӀэщӀэ,
къайгъэи зэныкъуэкъуи фиӀэжынкъым.
11Зи гур къабзэм, зи псалъэр ӀэфӀым
хуэхъунщ пащтыхьыр ныбжьэгъу#22:11 Е «Зи гур къабзэм и псалъэр ӀэфӀщ икӀи абы хуэхъунщ ныбжьэгъу пащтыхьыр»..
12Тхьэуэ Зиусхьэным и нэӀэ тет зэпытщ щӀэныгъэ
нэсым,
цӀыху тхьэгъэпцӀым и псалъэм иритынкъым
гъуэгу.
13Щхьэхынэрщ зи псэлъафэр:
«Аслъэнщ уэрамым къыдыхьауэ дэтыр!
СыдэкӀыу щытмэ – сытекӀуэдэнущ!»
14ДэхащӀэ хуэдэурэ хамэ цӀыхубзым урешалӀэ
мащэ куум;
Тхьэуэ Зиусхьэным и ней зыщыхуар абы
ихуэнщ.
15Дехьэхыр делагъэм сабиигур –
изыхынур ар абы чы уэгъуэщ.
16Мылъкум щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэр дэзыкъузэмрэ
цӀыху бейхэм кӀэ имыӀэу етэмрэ
кӀэщӀ дыдэу унэхъунущ.
ЦӀыху Ӏущхэм къащӀэна псалъэ щэщӀ
17ЦӀыху Ӏущхэм жаӀэм уэ щӀэдэӀу гупсэхуу,
щӀэныгъэу уэстми уи гур хузэӀух.
18Ибгъэлъмэ ахэр уигу,
темыкӀыу телъмэ ахэр уи бзэгупэ –
хъужынщ уи гуапэ.
19Тхьэуэ Зиусхьэным уи дзыхь телъыным щхьэкӀэщ
ущӀыхуэзущийр сэ нобэ уэ а псом.
20Ныпхуэстхыгъатэкъэ сэ уэ жыӀэгъуэ щэщӀ,
чэнджэщкӀэ узэдарэ щӀэныгъэ защӀэу,
21псалъэ пэжкӀэ зэджэм уасэу иӀэр пщӀэрэ,
лӀыкӀуэ узыщӀым жэуап нэсыр
къыхуэпхьыжыфу ухъун папщӀэ.
– 1 –
22«Дэхуэхащ» хужыпӀэу цӀыху тхьэмыщкӀэм лей
иумых,
дауафэу яӀэри умыщӀ ищӀагъ.
23Абыхэм я щхьэщыжакӀуэщ Тхьэуэ Зиусхьэныр,
тегушхуэгъуафӀэ хъуахэм я лъи ищӀэжынущ.
– 2 –
24Губжьыхым зыпумышэ,
умыщӀ псэлъэгъу цӀыху тэмакъкӀэщӀыр,
25армырамэ – уахуэхъунщ гъуэгуэгъуи,
уи ӀитӀкӀэ птӀыжа мащэм уихуэжынщ.
– 3 –
26УемыпӀэщӀэкӀ зыгуэрми ухуэхъуну шэс,
птыжыну хамэ щӀыхуи хьэкъ зыщумыщӀыж,
27къызыхэпхын щыуимыӀэм деж птыжынур,
тепӀэн-щӀэлъыну узытелъри
къыпщӀатхъынущ.
– 4 –
28Пасэрей гъунапкъэу адэжьхэм тур зытращӀар
умыгъэӀэпхъуэ.
– 5 –
29И Ӏуэху хуэӀэпэӀэсэ цӀыхур плъагъурэ?
Хуэхъунущ пащтыхьым ар блыгущӀэт,
ар япэ къэсым хуэлӀыщӀэнукъым.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 22: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021