Гъэсэпэтхыдэхэр 21
21
ТӀОЩӀРЭ ЕЗАНЭ ӀЫХЬЭ
1Пащтыхьым и гур Тхьэуэ Зиусхьэным и Ӏэ
илъщ –
псыежэхым ещхьу здыхуеймкӀэ ар Абы еунэтӀ.
2Щхьэж илэжькӀэ зыфӀэзахуэщ,
ауэ гум щыхъэ псори зэпэзышачэр Тхьэуэ
Зиусхьэнырщ.
3Къурмэн тыхь къыхуэзыщӀхэм нэхърэ
захуагъэм, щыпкъагъэм тетхэр нэхъ илъытащ
Тхьэуэ Зиусхьэным.
4ПлъэкӀэ пагэмрэ гу зыкъызыфӀэщӀыжамрэ –
бзаджащӀэм я нэхунэ хуэдэщ#21:4 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.,
зэхуэдэу тӀури псэкӀуэдщӀагъэщ.
5Гумызагъэм гухэлъу ищӀым хэхъуэ къыпэкӀуэнщ,
пӀащӀэ-тхъытхъыу цӀыхум ищӀ Ӏуэхум
хихынур тхьэмыщкӀагъэщ.
6ПцӀы зэфэзэщкӀэ зэхуэхьэса мылъкур –
уэсэпсщи, кӀуэдыжынущ,
ажалым ихъщи, уриубыдэнущ#21:6 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
7ЩыхуэмейкӀэ бзаджащӀэхэр захуагъэм и цӀэкӀэ
зекӀуэну,
текӀуэдэжынущ ахэр я гущӀэгъуншагъэм.
8 Мысэм и гъуэгур нашэкъашэщ,
хейм Ӏуэхуфэу ищӀэр захуэщӀэкъущ.
9Фыз жьэмыгъэпсэхум и гъусэу зы унэ ущӀэс нэхърэ
пкӀэунэм уисыныр нэхъыфӀщ.
10ЦӀыху бзаджащӀэр елъыхъущ:
щигъуэтынкъым зыми гущӀэгъу зи цӀэ
абы деж.
11ЩӀэнэкӀалэр бгъэпшынэмэ – жыӀэзыфӀэщыр
мэхъу нэхъ Ӏущ,
губзыгъэм уеущиемэ – и зэхэщӀыкӀым
нэхъри хохъуэ.
12Елъагъур Тхьэуэ ЗахуащӀэм#21:12 Е «захуащӀэм». бзаджащӀэхэм я унэр,
бэлыхьлажьаеми хигъэувэнущ ахэр.
13ТхьэмыщкӀэм и гуӀэ макъыр зи тхьэкӀумэ
изымыгъыхьэр
зэгуэр езыри къэгуоужынщи, зыми
зэхихынкъым.
14Тыгъэ щэхум губжьыр егъэӀэсэ,
губжьыкӀейри егъэужьых гуфӀакӀэм къыдах
Ӏулъхьэм.
15Хьэкум пэжыр и щӀыӀу къыщыхъукӀэ,
захуащӀэхэр егъэгушхуэри, бзаджащӀэхэр
егъэгулэз.
16Акъылым и гъуэгу занщӀэм зэ текӀар
зыщепсыхынур хьэдрыхэ лъащӀэщ#21:16 Журт. «ныбжьыкъухэм яхэзэгъэжынущ», нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, лӀахэм ящыщ хъужынущ..
17Нэгузыужь защӀэу псэур хъунщ тхьэмыщкӀэ,
санэ хэплъыхьарэ щыхуэн лъапӀэкӀи
ерыщхэр хъункъым бей.
18Пшынэнур цӀыху захуащӀэракъым – бзаджагъэ
зылэжьарщ,
цӀыху пэжракъым – икърарыншэр арщ#21:18 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
19Жьэмыгъэпсэху фыз бзаджэр псэуэгъуу уиӀэ
нэхърэ
пшахъуэщӀыр уи псэупӀэмэ нэхъыфӀщ.
20Ӏущыр гъэтӀылъыгъэфӀкӀэ бэлэрыгъкъым,
акъылыншэм ар ӀэщӀошхыхьыж.
21ИӀэнущ гъащӀи, ехъулӀэныгъи, пщӀэи
захуагъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ хущӀэкъум.
22Къыхуэщтэнщ цӀыху Ӏущым дзэшхуэр зыдэс
къалэр,
быдапӀэу ахэр зыщыгугъари
зэхикъутэфынщ.
23И бзэрэ и псалъэрэ хуэсакъым
бэлыхьлажьаем зыщехъумэ.
24ЩӀэнэкӀалэр – цӀыху пагэу
зыкъызыфӀэщӀыжарщ,
егъэлеяуэ къутыргъэныуи зэхэзекӀуэрщ.
25ЗыщӀрегъэхри Ӏуэхум цӀыху щхьэхынэм –
и хъуапсэ мыщӀхэми йокӀуэдылӀэж.
26УкӀытэ зи цӀэ имыщӀэжу сытми ар
хуэнэхъуеиншэщ,
захуащӀэр цӀыху Ӏэгу-Ӏэпсэщ, итам
щӀэмыфыгъуэж.
27БзаджащӀэм и къурмэн тыхьыр гущыкӀыгъуэщ,
ар гухэлъ мыгъуэкӀэ къэхьамэ нэхъыкӀэжщ.
28Щыхьэт нэпцӀыр кӀуэдынущ кӀуэдыкӀейуэ,
цӀыху пэжми и щыхьэтыгъэр къыщӀэхуэнкъым#21:28 Журт. «зэхихар зыӀуэтэжым и псалъэ Ӏэпахыркъым». ЗэрызэдзэкӀам къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
29Зы щхьэкӀи джылкъым и нэгур цӀыху бзаджащӀэм,
захуащӀэр Ӏуэхуфэу къыпэщылъым егупсыс
зэпытщ#21:29 Е «и гъуэгу гушхуауэ ар ирокӀуэ»..
30ЩыӀэнкъым Ӏущыгъэ зи цӀи, зэхэщӀыкӀи,
гупсысэ гуэри
Тхьэуэ Зиусхьэным пэщӀэувэфын.
31Сыт хуэдизрэ шыр хуумыгъэпсами зауэм,
Тхьэуэ Зиусхьэным дежщ къыздикӀыр
текӀуэныгъэр.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 21: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
![None](/_next/image?url=https%3A%2F%2Fimageproxy.youversionapi.com%2F58%2Fhttps%3A%2F%2Fweb-assets.youversion.com%2Fapp-icons%2Fen.png&w=128&q=75)
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021