YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 20

20
ЕТӀОЩӀАНЭ ӀЫХЬЭ
1УещӀыр санэм хъыжьэ, фадэми уегъэбырсыр,
абыхэм зезыгъэгъапцӀэр Ӏущу
пхужыӀэнкъым.
2Пащтыхь губжьыр аслъэным и гъуахъуэ макъым
хуэдэщ,
хилъхьэнщ и гъащӀэр ар къизышым и пӀэ.
3Ныкъуакъуэм пэӀэщӀэ зыхуэзыщӀым пщӀэ
хуэфащэщ,
акъылкӀэ ныкъуэдыкъуэр зэныкъуэкъум
хуэлъэщ.
4Хуэмыхур игъуэм вакӀуэ дэкӀкъым,
гъавэ хыжыгъуэм деж ӀэнэщӀ ӀэщӀ джафэу
къонэ ар.
5Хышхуэ лъащӀэншэу куущ гухэлъу гум
зэрихъэр,
зиӀэм зэхэщӀыкӀ лъэкӀынщ ар къыщӀигъэлъэн.
6Ныбжьэгъу пэжу закъыщохъужыр куэдым,
апхуэдэу щытмэ, дзыхь зэбгъэз хъун цӀыхур
дэнэ щыӀэ?
7Захуагъэм тет зэпытущ цӀыху щыпкъащӀэр
зэрыпсэур,
теуващ гъуэгу махуэ абы къыщӀэнэ бынхэр.
8 Хеяжьэ башыр къыщищтэкӀэ пащтыхьым
зэ плъэгъуэкӀэ бзаджагъэр зэхихун лъэкӀынщ.
9Хэт жызыӀэфынур:
«Сигу итхьэщӀыкӀащ, сыкъабзэщ,
збгъэдэлъкъым псэкӀуэдщӀагъэ зи цӀэ»?
10Тэрэзэ нэпцӀхэми, пщалъэ пхэнжхэми
хуищӀащ гущыкӀ Тхьэуэ Зиусхьэным.
11Сабийрэ пэт къацӀыху Ӏуэхуфэу илэжьамкӀэ,
«къезэгърэ ар, захуэ?» – жаӀэу.
12ТхьэкӀумэу зэхэзыхри, нэуэ зылъагъури –
Тхьэуэ Зиусхьэнырщ къэзыгъэщӀар.
13Умыжейнэд, ухъунщ тхьэмыщкӀэ,
къомыгъэкӀу жей жыхуаӀэр уи нэ,
ухъункъым мэжэщӀалӀэ.
14«ЩӀагъуэкъым, щӀагъуэкъым!» –
жиӀэурэ щэхуакӀуэр уасэм щӀоныкъуэкъу,
Ӏэрыхьэу щытмэ зыщӀэдэур – сату ищӀамкӀэ
зыщотхъуж.
15ЩыӀэщ дыщи, мывэ лъапӀейхэри куэдыкӀейщ,
арщхьэкӀэ псалъэ Ӏущырщ налкъутналмэсу
гъуэтыгъуейр.
16Хамэм шэс хуэхъуам и щыгъын щӀыӀутелъыр
тхьэкъу,
шэсыпӀэ къинам ар уи шэс щӀыхуэм пэкӀуэу
фӀэубыд.
17ГъэпцӀагъэкӀэ зыӀэригъэхьа ерыскъыр
къыӀуроӀэфӀэ цӀыхум,
къыӀурыхужынщ иужькӀэ ар абы ятӀагъуэ
дыджу.
18 УпщӀэж зэпхьэлӀа гухэлъхэр къохъулӀэ,
зауэр щыбублэкӀи, псалъэ Ӏущ зи цӀэ
ублэмыдэӀукӀ.
19Хуэущэхункъым бзэгузехьэм кърагъэза
дзыхьыр –
цӀыху псэлъэрейм зыхуэщӀ пэӀэщӀэ.
20Адэ-анэм ебгыр
жэщыпцӀэ кӀыфӀым хэкӀуэдэж нэхунэу
кӀуэсэжынщ.
21ПӀэщӀэрыӀу-пӀэщӀэрыщӀэкӀэ зэрапхъуа
щӀэиным
икӀэм зыфӀ гуэри къыхэкӀынкъым.
22«Сыхъужынщ сэ пхуэфӀ!» – жумыӀэ,
щыгугъи Тхьэуэ Зиусхьэным, уи лъыр
ищӀэжынщ.
23ГущыкӀ хуищӀащ шэчалъэ пхэнжхэм Тхьэуэ
Зиусхьэным,
нэ жагъуэкӀи еплъащ Ар тэрэзэ нэпцӀхэм.
24Лъэбакъуэу цӀыхум ичыр зыунэтӀыр Тхьэуэ
Зиусхьэнырщ, –
и гъуэгупэр сытым хуэкӀуэми цӀыху цӀыкӀум
дауэ гурыӀуэн?
25ЦӀыхур емыгупсысауэ Тхьэм и пащхьэ щищӀ
нузырым зыӀэщӀеубыдэ,
сыт хуэдизрэ кӀэлъымыпхъуэжми – иӀэкъым
къэгъазэ.
26Пащтыхь Ӏущым цӀыху бзаджащӀэхэр
щӀегъэкӀыр шыбзэм,
мывэщхьэлым хуэдэу ахэр зэхехьэжэ.
27ЦӀыху напэр – Тхьэуэ Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ
нэхунэщ,
и гущӀэ лъапсэр къызэщӀигъаблэу.
28ФӀылъэгъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэщ пащтыхьыр
къэзыхъумэр,
и тетыгъуэри гущӀэгъукӀэ егъэбыдэ.
29Къарурщ щӀалэгъуэм и щытхъу фащэр,
тхъугъэри жьыгъэм и щӀыхь нэщэнэщ.
30Удыным бзаджащӀагъэр егъэкӀуэд,
ирелъэсыкӀ ар уэгъуэ къэси гущӀэ лъапсэм.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in