Марк 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 12:9-14; Лука 6:6-11)
1Хьисэ синэгуэгум аргуэру щӀыхьащ. Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт. 2Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ. 3Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ:
– Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.
4Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр?
Фарисейхэм заущэхужащ.
5Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ:
– Уи Ӏэр къэший.
ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ. 6Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ#3:6 пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэр – еплъ Маттэ 22:16. Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.
ЦӀыху гупышхуэр Хьисэ зэрыкӀэлъыкӀуар
7Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ. 8Абы илэжьа Ӏуэху псори зэхахати, Иудей хэкуми, Ерусалими, Идумей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкуми, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я лъэныкъуэкӀи цӀыху куэд къикӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ. 9Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ. 11Хьисэ щалъагъукӀэ, абы и пащхьэм зыщрадзыхырти, жин бзаджэхэри зэрыгъэкӀийрт: «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаӀэурэ. 12Езыр хэтми цӀыхухэм ирамыгъэщӀэн щхьэкӀэ, жин бзаджэхэм унафэ быдэ яхуищӀат Хьисэ.
И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр Хьисэ зэригъэунэхуар
(Маттэ 10:1-4; Лука 6:12-16)
13Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ езыр зыхуейхэр къыщриджэм, ахэр къэкӀуащ. 14ЦӀыху пщыкӀутӀ игъэуващ. Ахэр къыщӀигъэувар игъусэн икӀи цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм ирагъэдэӀуэну игъэкӀуэн щхьэкӀэщ. 15Абы нэмыщӀуи, сымаджэхэр ягъэхъужын икӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахун щхьэкӀэ тепщэныгъэ яритащ. 16Хьисэ игъэува цӀыху пщыкӀутӀыр мыхэращ: Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар; 17Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ). 18Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,#3:18 Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар – еплъ Маттэ 10:4. 19Иудэ Искариот. А Иудэращ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
Хьисэрэ жин бзаджэхэм я пашэ Велзевулрэ
(Маттэ 12:22-32; Лука 11:14-23; 12:10)
20Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру. 21Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.
22Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт:
– Велзевул#3:22 Велзевул – еплъ Маттэ 10:25. иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
23Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ:
– ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур? 24Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым. 25Абы ещхьу, зы унэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым. 26ШейтӀанри къэтэджу, езым и щхьэ пэувыжрэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, абы кӀэ иӀэщ, и кӀуэдыжыгъуэри къэсащ. 27ЛӀы къарууфӀэ гуэрым и унэм щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зыми лъэкӀынукъым, а лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхэмэ. А лӀыр ипхмэ, и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ. 28Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхухэм я гуэныхь псори къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, Тхьэр сыт хуэдизкӀэ ягъэпцӀми. 29Ауэ, ар хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым игъащӀэкӀэ къыхуэгъунукъым, ар мыгъужын гуэныхькӀэ къуаншэ мэхъу.
30Хьисэ «Жин бзаджэм ар иӀыгъщ» жаӀэу абыхэм езым теухуауэ къызэрыжаӀарщ абы а псалъэр щӀыжиӀар.
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ
(Маттэ 12:46-50; Лука 8:19-21)
31Абы ирихьэлӀэу, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къэкӀуащ. ПщӀантӀэм ахэр здыдэтым, Хьисэ ирагъэджащ. 32Хьисэ къыбгъэдэс цӀыхубэм къыжраӀащ:
– Мес, уи анэри, уи къуэшхэри, уи шыпхъухэри къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтщи, къыпщӀоупщӀэ.
33– Хэт си анэри си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
34ИтӀанэ къыбгъэдэсхэм яхэплъэри жиӀащ итӀанэ:
– Мыхэращ сэ си анэри си къуэшхэри. 35Хэтми, Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
Currently Selected:
Марк 3: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017