Маттэ 19
19
19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
(Марк 10:1-12)
1А псалъэхэр жиӀа нэужь, Галилей хэкум икӀри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. 2Абы и ужь иту цӀыху куэд кӀэлъыкӀуащ икӀи абыхэм яхэт сымаджэхэр а хэкум щигъэхъужащ.
3Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ:
– ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?
4– Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту#19:4 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту – еплъ 1 Мусэ 1:27. феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ.
5– «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам#19:5 Тхьэм зэрыжиӀар – еплъ 1 Мусэ 2:24. феджакъэ? 6Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
7– АтӀэ, «ЛӀым зэрыригъэкӀыж тхылъ фызым иритмэ, фызыр иригъэкӀыж хъунущ» жиӀэу, Мусэ бегъымбарым сыт унафэ щӀищӀар?#19:7 Мусэ бегъымбарым унафэ щӀищӀар – еплъ 5 Мусэ 24:1. – къыжраӀащ фарисейхэм Хьисэ.
8– Фэ фи ерыщыгъэм къыхэкӀкӀэ, фи фызхэр ивгъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит фищӀащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ахъумэ нэхъапӀэм апхуэдэу щытакъым. 9Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
10– ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
11– Сэ жысӀар хэти ищтэн лъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Ар зыщтэн зылъэкӀыр Тхьэм лъэкӀыныгъэ зрита къудейрщ; 12сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къашэни дэкӀуэни ялъэмыкӀыну я анэхэм къызэралъхум щхьэкӀэ, языныкъуэ цӀыхухэм къашэнукъым икӀи дэкӀуэнукъым. ЦӀыхухэм языныкъуэхэри яугуэщхъуащи, ар яхузэфӀэкӀынукъым. Языныкъуэхэми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтын щхьэкӀэ, къашэнуи дэкӀуэнуи ядэркъым. Ар зыщтэн зылъэкӀынум ирещтэ.
Хьисэрэ сабийхэмрэ
(Марк 10:13-16; Лука 18:15-17)
13ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, и Ӏэхэр ятрилъхьэну икӀи Тхьэм яхуелъэӀуну. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадэртэкъым. 14Хьисэ жиӀащ:
– Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
15Хьисэ и Ӏэхэр абыхэм ятрилъхьащ итӀанэ. А щӀыпӀэм икӀыжащ Хьисэ абы и ужькӀэ.
ЩӀалэ бейр
(Марк 10:17-31; Лука 18:18-30)
16Хьисэ къыбгъэдыхьэри, щӀалэ гуэр къеупщӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ згъуэтын щхьэкӀэ, сыт фӀыуэ сщӀэн хуейр?
17– ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ.
18– А унафэхэр сыт хуэдэ?#19:18-19 А унафэхэр сыт хуэдэ? – еплъ 2 Мусэ 20:12-16, 3 Мусэ 19:18. – къеупщӀащ щӀалэр Хьисэ.
– «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, 19уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ, уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жиӀащ Хьисэ.
20– Си щӀалэгъуэм щыщӀэдзауэ а псори согъэзащӀэ, – къыжриӀащ щӀалэм Хьисэ. – Сыт иджыри си щыщӀагъэр?
21– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
22Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.
23– Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 24– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.
25Хьисэ жиӀар и гъуэгу ирикӀуэхэм щызэхахым, ар икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, къеупщӀащ:
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?
26Абыхэм еплъри, Хьисэ яжриӀащ:
– ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
27– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь дыкъиуващ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Абы щхьэкӀэ дэ ӀыхьэфӀу къэдгъуэтынур сыт?
28– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ахърэтым щӀыхьышхуэ щиӀэу и тахътэм щытетӀысхьэкӀэ, фэ, си ужь къиувахэр, тахътэ пщыкӀутӀым фытетӀысхьэнурэ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум* ятефщӀыхьынущ. 29ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ. 30Ауэ я пэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.
Currently Selected:
Маттэ 19: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017