Лука 6:27-49
Лука 6:27-49 KBDNTGP2017
– Ауэ фэ, сэ къызэдэӀуэхэм, нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэми фӀы яхуэфщӀэ. Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, лей къыфкӀэлъызезыхьэхэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу. Уи зы нэкӀум къеуэм адрей уи нэкӀури хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым джанэри къыхуэгъанэ. Хэтми, зыгуэркӀэ къолъэӀум ет! Уи хьэпшыпхэр птезыхми «Къызэтыж» жумыӀэ. ЦӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт. – ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа зыри фӀыуэ фымылъагъужмэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр ялъагъужыркъэ? ФӀы къыфхуэзыщӀэхэм фӀы яхуэфщӀэжкӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми аракъэ ящӀэр? КъыватыжынкӀэ фызыщыгугъхэм щӀыхуэ ефткӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми адрей гуэныхьщӀакӀуэхэм щӀыхуэ ират, езыхэм абыхэм иратам хуэдиз къыӀахыжынкӀэ щыгугъыу. Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи. Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ. – Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ. ЦӀыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ. Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэӀум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищӀэжынщ; фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи. Хьисэ псалъэжь гуэр яжриӀащ итӀанэ: – Зы нэфым адрей нэфыр ишэн лъэкӀыну? Мащэм ихуэнукъэ тӀури? ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ псори зригъэщӀа нэужь, езыгъаджэм хуэдэ мэхъу хэти. – Уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт? Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ. – ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэркъым. Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ. Пыжьей жыгым ахъуо, кхъуэбанэми жызум къыпачыркъым. ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀыгъуэм фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэми игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэр къыдокӀуэ; жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщи. – «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ? Си деж къакӀуэу, си псалъэхэр зэхихыу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр нывжесӀэнщ. Ар зыхуэдэр щӀыр куууэ къэзытӀу, унэ лъабжьэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа ухуакӀуэрщ. Псышхуэр къыщиум, толъкъунхэр а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр быдэу ящӀати, ягъэхъеин ялъэкӀакъым. Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэр зыхуэдэр зи унэр, лъабжьэ быдэ имыӀэу, щӀы щхьэфэм тезыщӀыхьарщ. Толъкъунхэр къызэрыжьэхэуэу а унэр къызэтещэхащ. Къызэтещахэри, къиуэжащ а унэр.