Иуан 17
17
17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ Тхьэм зэрелъэӀуар
1А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ:
– Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ. 3ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ. 4Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ. 5Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.
6Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ. 7Сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псори уэ къызэрыббгъэдэкӀар абыхэм иджы ящӀэ; 8сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 9Сэ абыхэм щхьэкӀэ сынолъэӀу. Дунейм и цӀыхухэракъым сызыхуэлъаӀуэр, атӀэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэращ, ахэр ууейщи. 10Сэ си ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэр псори ууейщ, уэ уи цӀыху псори сысейщ. Абыхэми си щӀыхьышхуэр къагъэнахуэ. 11Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ. 12Сэ абыхэм сыщрагъусам, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр схъумащ икӀи сахуэсакъащ. КӀуэдын хуей цӀыхум#17:12 кӀуэдын хуей цӀыхур – Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэта Иудэр аращ. фӀэкӀа абыхэм ящыщ зыри кӀуэдакъым, Тхьэм и псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэ.
13– Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ. 14Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ. 15Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым. 16Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым. 17Абыхэм пэжыгъэкӀэ зыкъыуатын щӀы. Уэ уи псалъэхэращ щыпхъэр. 18Уэ дунейм сыкъызэрыбгъэкӀуам хуэдэу, сэри ахэр дунейм згъэкӀуащ. 19Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ уэ зыныузот, абыхэми пэжу зыкъыуата хъун щхьэкӀэ.
20– Сэ сызыхуэлъаӀуэр абыхэм я закъуэкъым, абыхэм я псалъэхэмкӀэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну цӀыхухэми сахуолъаӀуэ. 21А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ. 22Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ: 23Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.
24– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.
25– Си Адэ захуэ, дунейм и цӀыхухэм уэ уащӀэркъым, ауэ сэ узощӀэ. Си цӀыхухэм уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар ящӀэ. 26Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.
Currently Selected:
Иуан 17: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017