Иуан 18
18
18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ зэраубыдар
(Маттэ 26:47-56; Марк 14:43-50; Лука 22:47-53)
1Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Кедрон псым зэпрыкӀащ. Абдежым жыг хадэ итт. Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а хадэм ихьащ.
2Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти. 3Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.
4Хьисэ къыщыщӀыну псори езым ищӀэжырти, япежьэри еупщӀащ:
– Хэт фызылъыхъуэр?
5– Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.
– Сэращ ар, – яжриӀащ Хьисэ. Хьисэ абыхэм езыгъэубыдыну Иудэр абыхэм яхэтт.
6«Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.
7Хэт фызылъыхъуэр? – аргуэру еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.
8– Сэращ ар, нывжесӀакъэ? – яжриӀащ Хьисэ. – Фызылъыхъуэр сэрамэ, зыри евмыщӀэу, си гъусэхэр футӀыпщыж.
9Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар езым Адэ лъапӀэм жриӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Уэ сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм ящыщ зыри сфӀэкӀуэдакъым».
10Симон Петр джатэ иӀыгъти, ар кърихщ, дин пашэшхуэм#18:10 дин пашэшхуэр – еплъ Маттэ 26:3. и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэлъэтащ. А унэӀутым и цӀэр Малхт.
11– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр.
– Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?
Хьисэ дин пашэшхуэм и пащхьэм зэрырашар
(Маттэ 26:57-58; Марк 14:53-54; Лука 22:54)
12Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ. 13Аннэ#18:13 Аннэ – Хьисэ къэхъуа нэужьым 6-15-нэ гъэхэм Аннэ дин пашэшхуэу щытащ. Кайафэ, Аннэ и пхъум и лӀыр, 18-36 гъэхэм дин пашэшхуэу щытащ. зи цӀэм деж яшащ япэщӀыкӀэ. Аннэ а илъэсым и дин пашэшхуэу Кайафэ зи цӀэм и щыкъу адэт. 14А Кайафэращ адрей журтхэм мыпхуэдэ чэнджэщ езытауэ щытар: «Дэ ди лъэпкъ псори кӀуэд нэхърэ, зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, нэхъыфӀщ».
Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
(Маттэ 26:69-70; Марк 14:66-68; Лука 22:55-57)
15Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрымрэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. А лӀыуэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэр дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытти, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм дыхьащ Хьисэ щӀыгъуу. 16Петр пщӀантӀэм дэмыхьэу куэбжэпэм къыӀунащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ лӀыуэ дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытыр къыдэкӀыжщ, куэбжэӀут хъыджэбзым жриӀэри, Петри пщӀантӀэм дишащ абы и ужькӀэ.
17– Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ куэбжэӀут хъыджэбзыр Петр.
– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр.
18Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.
Дин пашэшхуэр Хьисэ зэреупщӀар
(Маттэ 26:59-66; Марк 14:55-64; Лука 22:66-71)
19Дин пашэшхуэр Хьисэ къеупщӀащ:
– Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр хэт хъуну? ЦӀыхухэм уэ ебгъащӀэ Ӏуэхухэр сыт зищӀысыр?
20– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым. 21Сыт укъыщӀызэупщӀыр? Псалъэу яжесӀар зэхэзыхахэм еупщӀ. Абыхэм сэ жысӀар ящӀэркъэ?
22Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ:
– Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?
23– Мыхъун жысӀамэ, сызэрыщыуар къызжеӀэ – жриӀащ абы Хьисэ. – Пэжыр жысӀамэ, сыт укъыщӀызэуэр?
24Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.
Петр Хьисэ имыцӀыхуу аргуэру зэрыжиӀар
(Маттэ 26:71-75; Марк 14:69-72; Лука 22:58-62)
25Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху.
– Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр.
– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.
26Дин пашэшхуэм и унэӀутхэм ящыщу зи тхьэкӀумэ Петр къыпигъэлъэтам и благъэ гуэрым жиӀащ:
– А лӀым уригъусэу жыг хадэм ущыслъэгъуакъэ?
27– Хьэуэ, ар пэжкъым, – жиӀэри Петр аргуэру идакъым. Ар зэрыжиӀэу, адакъэ Ӏуащ.
Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
(Маттэ 27:1-2, 11-14; Марк 15:1-5; Лука 23:1-5)
28Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.#18:28 зауфӀеину хуейтэкъым – журтхэм я диным имыт цӀыху гуэрым и унэм щыщӀыхьэкӀэ, мыкъабзэ защӀ яфӀощӀ. 29Арати, Пилат Ӏэтащхьэр#18:29 Пилат Ӏэтащхьэр – еплъ Маттэ 27:2. преторием щӀэкӀри, яжриӀащ:
– Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?
30– Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.
31– Фшэжи, фи хабзэм тету, ищӀам хуэфащэу хьэкум#18:31 хьэкум – «суд». тефщӀыхь, – яжриӀащ Пилат.
– Дэ зыгуэрым укӀ тетлъхьэну дыхуиткъым, – къыжраӀащ журтхэм Пилат. 32Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур#18:32 и лӀэкӀэ хъунур – Рим цӀыхухэм жорхэм ираӀулӀурэ бзаджащӀэхэр яукӀыу щытащ. Еплъ 3:14. «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр яӀэтын хуейщ», жиӀэу Хьисэ жыхуиӀа псалъэхэм къригъэкӀар езыр жорым зэрыраӀулӀынуращ. Журтхэм укӀыкӀэу яӀар мывэкӀэ еуэурэ ягъэлӀэныращ. ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.
33Пилат преторием щӀыхьэжщ, Хьисэ къригъашэри еупщӀащ:
– Журтхэм урапащтыхь?
34– Ар уэр-уэру жыпӀэрэ, хьэмэрэ сэ къыстеухуауэ нэгъуэщӀхэр къопсэлъа? – жиӀащ Хьисэ.
35– Сэ сыжурт-тӀэ? – жэуап къитыжащ Пилат. – Уи лъэпкъымрэ дин пашэшхуэхэмрэ укъысхуашащ. Сыт уэ пщӀар?
36– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.
37– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ.
– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ,#18:37 «Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ», – е «Уэ уи щхьэкӀэ жыбоӀэ сэ сызэрыпащтыхьыр». – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.
38– Щыпкъагъэу жыхуэпӀэр сыт? – щӀэупщӀащ Пилат.
Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
(Маттэ 27:15-31; Марк 15:6-20; Лука 23:13-25)
Пилат ар жиӀэщ, журтхэм я деж щӀэкӀыжри, яжриӀащ:
– Мы лӀыр зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым. 39Ауэ лъэхъуэщым щӀэс гуэр Ӏутыж мэхуэшхуэ къэс къыфхуэзутӀыпщыжу фи хабзэщ. Аращи, «Журтхэм я пащтыхьу» жыхуаӀэр къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей?
40– Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.
Currently Selected:
Иуан 18: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017