Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ: Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.