YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 16

16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1– Мы Ӏуэху псори щӀывжесӀар си гъуэгу фытемыкӀын щхьэкӀэщ. 2Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ. 3Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ. 4А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм илэжь Ӏуэхухэр
5– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам деж сыкӀуэжынущ иджы. Ауэ фэ фщыщ зыри сэ къызэупщӀыркъым: «Дэнэ уздэкӀуэр?» жиӀэу. 6Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ. 7Пэжыр вжызоӀэ, сэ сызэрыфхэкӀыжыр фэркӀэ нэхъыфӀщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыфхэмыкӀыжмэ, фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуэкӀуэнукъым. Сэ сыщыкӀуэжкӀэ, ар къыфхуезгъэхынущ. 8Фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыщыкӀуэкӀэ, гуэныхь щӀэныр зыхуэдэри, щыпкъагъэр зыхуэдэри, Тхьэм мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум#16:8 хьэкум – «суд». зэратрищӀыхьынури захригъэщӀыкӀынущ: 9сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрымыхъуар зэрыгуэныхьыр абыхэм захригъэщӀыкӀынущ; 10сигу щыпкъагъэ зэрилъри захригъэщӀыкӀынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынурэ, сыфлъагъужынукъыми; 11Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр#16:11 мы дунейм и терщэр – шейтӀаныращ. игъэкъуэншакӀэщи.
12– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым. 13Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ. 14Абы си щӀыхьыр иӀэтынущ, фигъэщӀэну Ӏуэхухэр сэ къызбгъэдэкӀхэращи. 15Адэ лъапӀэм иӀэ псор сысейщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэм сэ жысӀэ Ӏуэхухэр зэрывигъэщӀэнур щӀывжесӀар аращ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэрихъуэкӀынущ
16– Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущи.
17Хьисэ ар щыжиӀэм, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ:
– «Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» икӀи «Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ» жыхуиӀэм сыту пӀэрэ къригъэкӀыр?
18Абыхэм жаӀэрт:
– «Куэд мыщӀэу» жыхуиӀэм къригъэкӀыр тщӀэркъым.
19Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ:
– «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ? 20Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ. 21ЦӀыхубзым бын щигъуэткӀэ, гугъуехь ешэч, гугъу щехьын сыхьэтыр къэсащи. Ауэ сабийр дунейм къытехьа нэужь, мэгуфӀэ, гугъуехьу ишэчар щогъупщэж, дунейм цӀыхущӀэ къытехъуащи. 22Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым. 23А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ. 24Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.
Сэ дунейм сытекӀуащ
25– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ. 26А махуэм Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ фелъэӀунущ. Фэ фтеухуауэ Адэ лъапӀэм селъэӀуну вжесӀэркъым; 27сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ сэ фӀыуэ сызэрыфлъэгъуам, Тхьэм сызэрыщыщымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, езы Адэ лъапӀэми фӀыуэ фыкъелъагъу. 28Адэ лъапӀэм сыщыщу дунейм сыкъытехьащ. Дунейм аргуэру сытекӀыжынурэ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ.
29– Ущие хъыбар хэмыту, нахуэу уопсалъэ иджы, – жаӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 30– Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.
31– ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуа иджы? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. 32– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.
33– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.

Currently Selected:

Иуан 16: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in