Иуан 11
11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Лазар зэрылӀар
1Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм#11:1 Вифание жылэр – Ерусалим километрищкӀэ пэжыжьэу, и ищхъэрэ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ итщ. щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ. 2А Мэриемыр#11:2 А Мэриемыр – еплъ 12:1-8. арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр. 3Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ:
– Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.
4Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ:
– А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
5Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт. 6Лазар зэрысымаджэр щызэхихым, Хьисэ здэщыӀэ щӀыпӀэм махуитӀкӀэ зыщиӀэжьащ.
7Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы и ужькӀэ:
– Иудей хэкум#11:7 Иудей хэкур – еплъ Маттэ 2:1. дывгъэкӀуэж.
8Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.
9– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури. 10Ауэ жэщу зекӀуэр мэлъэпэрапэ, нэхум хэткъыми.
11А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ:
– Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.
12– Зиусхьэн, ар щыжеякӀэ хъужынущ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 13Хьисэ жыхуиӀар Лазар зэрылӀарт, ауэ и гъусэхэм къазэрыгурыӀуар Хьисэ жейм тепсэлъыхьущ.
14Хьисэ щхьэихауэ яжриӀащ итӀанэ:
– Лазар лӀащ. 15Ар щылӀэм сызэрыримыхьэлӀар си гуапэщ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ. ФынакӀуэ, абы деж дывгъакӀуэ.
16Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ:
– ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.
ЛӀахэр къигъэтэджыжурэ, гъащӀэ езытыр Хьисэщ
17ЗдэкӀуэм щынэсым, Лазар кхъэлэгъунэм махуиплӀ хъуауэ зэрыщӀалъхьэжар къищӀащ Хьисэ. 18Вифание жылэр стадие#11:18 стадие – метри 192-рэ арщ. пщыкӀутхукӀэ Ерусалим пэжыжьэт. 19Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ. 20Хьисэ къызэрыкӀуэр щызэхихым, Марфэ абы къыпежьащ, Мэрием унэм къыщӀэнащ.
21– Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым. 22Тхьэм сыт ищӀыскӀэ уелъэӀуми, абы къызэрыпхуищӀэнур сощӀэ.
23– Уи дэлъхур къэтэджыжынущ, – жиӀащ Хьисэ.
24– ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.
25– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ; 26апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.
27– Мэхъу, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ. – Тхьэм и Къуэ Мэссихьу#11:27 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. дунейм къэкӀуэн хуеяр уэрауэ зэрыщытыр си фӀэщ мэхъу.
28Ар жиӀа нэужь, Марфэ игъэзэжщ, и шыпхъу Мэрием къриджэри, щэхуу жриӀащ:
– Дин егъэджакӀуэр къэкӀуауэ къоджэ.
29Ар щызэхихым, епӀэщӀэкӀыу къэтэджри, Мэрием Хьисэ деж къэкӀуащ. 30Хьисэ жылэм иджыри дыхьатэкъым, Марфэ къыщыӀущӀа щӀыпӀэм деж щытт. 31Абыхэм къахуэгузэвэну къэкӀуа журту Мэрием и гъусэу унэм щӀэсахэм Мэрием епӀэщӀэкӀыу къэтэджу, унэм щӀэкӀыу щалъагъум, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, и дэлъхур абы щигъеин я гугъэри, и ужь иуващ.
32Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ:
– Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.
33Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.
34– Дэнэ хьэдэр щыщӀэфлъхьэжар? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
– Зиусхьэн, кӀуэи, еплъ, – къыжраӀащ абыхэм.
35Хьисэ къэгъащ абдежым.
36Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ:
– Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.
37– А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.
ЛӀахэм Лазар Хьисэ къазэрыхигъэтэджыкӀыжар
38Хьисэ, игу хэщӀу, кхъэлэгъунэмкӀэ кӀуащ. Ар бгъуэнщӀагът, абы мыви Ӏуалъхьэжат.
39– Мывэр Ӏуфх, – жиӀащ Хьисэ.
ЛӀам и шыпхъу Марфэ Хьисэ къыжриӀащ:
– Зиусхьэн, ар зэрылӀэрэ махуиплӀ мэхъу, мэ щоу.
40– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
41Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ:
– Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. 42Си лъэӀухэм дапщэщи укъызэредаӀуэр сощӀэ, ауэ мыбдеж щыт цӀыхухэм сыкъэзэрыбгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэщ, мы псалъэхэр щӀыжысӀар.
43Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ.
– Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!
44ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ.
– Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
(Маттэ 26:1-5; Марк 14:1-2; Лука 22:1-2)
45Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр щалъагъум, Мэрием деж къэкӀуа журтхэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 46Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ. 47Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм#11:47 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – еплъ Маттэ 5:22. щыщхэр зэхуашэсащ:
– Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ. 48Абы зыри едмыщӀэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цӀыху псоми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыӀэщӀэлъхэр къэкӀуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкӀуэдынущ.
49Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу#11:49 дин пашэшхуэр – еплъ Маттэ 26:3. щыт Кайафэ#11:49 Кайафэ – Аннэ и пхъум илӀу щытащ. Хьисэ къэхъуа нэужь 18-36 гъэхэм дин пашэшхуэу щытащ ар. зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ:
– Фэ зыри фщӀэркъым. 50Ди лъэпкъ псор кӀуэд нэхърэ, лъэпкъым щхьэкӀэ зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, дэркӀэ зэрынэхъыфӀыр къывгурыӀуэркъэ?
51Ар езыр-езыру къыжиӀакъым, атӀэ а гъэм дин пашэшхуэу щытти, Хьисэ и псэр журт лъэпкъым щхьэкӀэ зэритынур Тхьэм абы игу кърилъхьэри къыжригъэӀащ. 52Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат. 53Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.
54Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм#11:54 Ефраим жылэр – Ерусалим километр 24-кӀэ пэжыжьу, и ищхъэрэ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ итащ. кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.
55Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ. 56Хьисэ къалъыхъуэрт абы щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту цӀыхухэр зэупщӀыжырт:
– Дауэ феплърэ? Махуэшхуэм щхьэкӀэ ар къэкӀуэну пӀэрэ?
57Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат:
– Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.
Currently Selected:
Иуан 11: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017