YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 9

9
1Тхьэм и нэфӀ Нухьрэ абы и къуэхэмрэ ящыхуэри, яжриӀащ абыхэм:
– Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъу.
2– Къыфщышынэнущ икӀи къыфхуэкӀэзызынущ щӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, уэгум ит къуалэбзу псори, щӀылъэм щызекӀуэ псори, хым хэс бдзэжьей псори; фи ӀэмыщӀэ ихуащ ахэр. 3Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.
4Ауэ лъы зыхэлъ лы фымышх, ар абы и псэращи.
5Зыгуэрым цӀыху иукӀмэ, згъэпшынэнущ, хьэкӀэкхъуэкӀэми цӀыхур иукӀмэ, згъэпшынэнущ.
6Хэт цӀыхум илъ игъажэми,
абы и лъыр цӀыхурщ зыгъэжэнур,
цӀыхур Тхьэм езым и теплъэу къигъэщӀащи.
7– АтӀэ фэ фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, икӀи тез фыхъу щӀылъэм, икӀи икъукӀэ фыщыбагъуэ абдежым.
8ЯжриӀащ Тхьэм Нухьи абы и къуэхэми:
9– Мис, Сэ фэри иужькӀэ къыфтехъукӀыну щӀэблэхэми зэгурыӀуэныгъэ фызощӀылӀэ, 10фэ фи гъусэу псэ зыпыт дэтхэнэми, къуалэбзухэми, Ӏэщхэми, щӀым тету фи гъусэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми, кхъухьым къикӀа псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми зэгурыӀуэныгъэ язоухылӀэ; 11Си зэгурыӀуэныгъэ фызоухылӀэ:
псэ зыпыт дэтхэнэри дяпэкӀэ псыдзэм зэи
зэрыхэзмыгъэкӀуэдэнумкӀэ,
икӀи щӀылъэр изылъэсыкӀын псыдзэ зэи
зэрыщымыӀэжынумкӀэ.
12ЖиӀащ Тхьэм итӀанэ:
– Сэ фэри, фэ къыфщӀыгъуу псэ зыпыт дэтхэнэми, къэхъуну щӀэблэхэри къыхиубыду, зэгурыӀуэныгъэ фэзухылӀэр къэзыгъэпэж нэщэнэр мис: 13Сэ хызолъхьэ Си лэгъупыкъур пшэм, ар Сэрэ щӀылъэмрэ дякум дэлъ зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэу щытын папщӀэ.
14Сэ щӀылъэм пшэ нытезгъэхьэмэ, а пшэм къыщылъэгъуэнущ лэгъупыкъур. 15КъэкӀыжынущ итӀанэ си гум фэри псэ зыпыт адрей псоми зэгурыӀуэныгъэу фэзухылӀауэ щытар; псыр зэи къиужынукъым, сыт хуэдэ псэ зыпытри хэмыкӀуэдэн папщӀэ. 16Лэгъупыкъури хэтынущ пшэм, Сэри ар къэслъагъуурэ сигу къэкӀыжынущ Сэрэ дэтхэнэ псэ зыпыту щӀылъэм тетымрэ ди зэхуакум дэлъ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэр.
17ЖриӀащ Тхьэм Нухь адэкӀэ:
– Аращ Сэрэ дэтхэнэ псэ зыпыту щӀылъэм тетымрэ ди зэхуакум Сэ дэзгъэува зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэр.
Чэф хъуа Нухьрэ и къуэхэмрэ
18Нухь и къуэхэу кхъухьым къикӀыжауэ щытахэр Щэм, Хъам, Ефэт сымэт. Хъам КъэнаӀан и адэт. 19Щыри Нухь и къуэт, абыхэм къатепщӀыкӀыжащ щӀылъэм щыпсэу псори.
20Нухь щӀым телэжьыхьу щӀидзэри игъэтӀысащ жызум хадэ. 21Абы санэ ирифри чэф хъуауэ щӀэлът и шэтырым пцӀанэу. 22Къилъэгъуащ Хъам, КъэнаӀан и адэм, и адэр зэрыпцӀанэр, икӀи къыщӀэкӀыжри яжриӀэжащ и къуэшитӀым. 23Щэмрэ Ефэтрэ щыгъын къащтэщ, я дамэм тралъхьэри, щӀыбкӀэ икӀуэтурэ щӀыхьэри я адэр щӀахъумащ; ахэр лъэныкъуэкӀэ къэгъэзати, ялъэгъуакъым я адэр зэрыпцӀанэр. 24Нухь санэм кърита чэфыр пкърыкӀыжауэ къэушри къищӀащ и къуэ нэхъыщӀэм кърищӀар; 25ЖиӀащ абы итӀанэ:
– Тхьэм и ней КъэнаӀан къыщыхуэ;
и къуэшхэм я пщылӀхэм я пщылӀыж хъунущ ар.
26ИтӀанэ жиӀащ:
– Зиусхьэну Щэм зыхуэлажьэ Тхьэм щӀыхьыр ейщ!
КъэнаӀан абы и пщылӀ ирехъу.
27Ирегъэбагъуэ Тхьэм Ефэт,
икӀи щӀретӀысхьэ ар Щэм и шэтырхэм;
ауэ КъэнаӀан абы и пщылӀ ирехъу.
28Псыдзэм и ужькӀэ псэуащ Нухь илъэс щищрэ тхущӀкӀэ. 29Нухь, илъэс щибгъурэ тхущӀрэ къигъэщӀа нэужь, дунейм ехыжащ.

Currently Selected:

1 Мусэ 9: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in