ЖиӀащ Тхьэм итӀанэ:
– Сэ фэри, фэ къыфщӀыгъуу псэ зыпыт дэтхэнэми, къэхъуну щӀэблэхэри къыхиубыду, зэгурыӀуэныгъэ фэзухылӀэр къэзыгъэпэж нэщэнэр мис: Сэ хызолъхьэ Си лэгъупыкъур пшэм, ар Сэрэ щӀылъэмрэ дякум дэлъ зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэу щытын папщӀэ.