1 Мусэ 16
16
Хьэджэррэ Исмэхьилэрэ
1Ауэ Сарай, Ибрам и фызыр, лъхуэртэкъым. Абы иӀэт унэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр и цӀэу, Мысырым щыщу. 2ЖриӀащ Сарай Ибрам:
– КъэдаӀуэ, Зиусхьэным зэхуищӀащ си кӀуэцӀыр, сымылъхуэн папщӀэ; атӀэ щӀыхьэ си унэӀут бзылъхугъэм деж: абы къыбгъэдэкӀыу сэ сабий сиӀэнкӀи хъунщ.
Ибрам едэӀуащ Сарай и псалъэм. 3Ханаан щӀыналъэм Ибрам илъэсипщӀкӀэ щыпсэуа нэужь, Ибрам и фыз Сарай и унэӀут бзылъхугъэр, Мысырым щыщ Хьэджэр, иритащ фызу езым илӀ Ибрам. 4ЩӀыхьащ ар Хьэджэр деж, модрейри лъэщыджэ хъуащ. Лъэщыджэ зэрыхъуам гу щылъитэжым, абы и зиусхьэн гуащэм нэмыплъ ириту щӀидзащ.
5– Си гукъеуэмкӀэ уэрщ къуаншэр, – жриӀащ Сарай Ибрам, – сэ уэстащ си унэӀут бзылъхугъэр, уекӀуэлӀэну; ауэ абы, уэндэгъу зэрыхъуар щилъагъум, нэмыплъ къызиту щӀидзащ; къытхурехъу Зиусхьэныр уэрэ сэрэ хеящӀэ.
6– Уи унэӀутыр уи ӀэмыщӀэ илъщ, – жриӀащ Ибрам, – уэ ещӀэ абы узыхуейр.
Сарай дикъузэу щӀидзати, Хьэджэр щӀэпхъуэжащ.
7Зиусхьэным и мелыӀычым ар къыщигъуэтащ губгъуэ нэщӀым къыщыщӀэж псынэм деж, Шур хуэкӀуэ гъуэгум и гъунэгъу псынэм деж. 8ЖриӀащ абы:
– Хьэджэр, Сарай и унэӀут! Дэнэ укъикӀа, дэни укӀуэрэ?
– Сэ си зиусхьэн гуащэ Сарай и пащхьэ сыкъикӀри сыщӀэпхъуэжащ, – жиӀащ абы.
9– Уи бысым зиусхьэн гуащэм деж гъэзэжи, абы хуэжыӀэщӀэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы.
10– Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀынухэм я бжыгъэр, ахэр зэрыкуэд дыдэм къыхэкӀыу пхуэмыбжыну.
11ИтӀани къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы:
– Уэ ууэндэгъущ, къуэ къэплъхунущи, фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исмэхьил#16:11 Исмэхьил – абы къикӀыр: Тхьэм зэхех.; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гу лъитащ Зиусхьэным уэ гугъуехьу пшэчым.
12Ар цӀыхухэм яхэтынущ шыд Ӏэлым хуэдэу;
ар псоми езауэурэ,
псори езым къезэуэнущ,
щыпсэунущ ар езым и къуэш псоми емызэгъыу.
13Хьэджэр фӀищащ Зиусхьэну езым къепсэлъам мы цӀэр: «Уэ у-Ел-Ройщ». Абы къикӀыр: «Сэ сыкъэзылъагъу Тхьэр Уэрщ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Хьэджэр жиӀащ: «Пэж дыдэу, сэ сызылъагъум щыслъэгъуа нэужь сыпсэу пӀэрэ?» 14Абы къыхэкӀкӀэ а псынэм и цӀэщ Бэр-Лахай-рой#16:14 Бэр-Лахай-рои* – абы къикӀыр: Псэ зыӀутым, сэ сыкъэзылъагъум и псынэ.. (Псэ зыӀутым, сэ сыкъэзылъагъум и псынэ). Ар дэтщ Кадешрэ Бэрэдрэ я зэхуакум.
15Хьэджэр Ибрам къыхуилъхуащ къуэ, Ибрам и къуэм Хьэджэр къыхуилъхуам, Исмэхьил цӀэуэ фӀищащ. 16Ибрам и ныбжьыр илъэс ищӀрэ хырэ хъурт Хьэджэр къуэ къыщыхуилъхуам щыгъуэ.
Currently Selected:
1 Мусэ 16: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017