1 Мусэ 15
15
Тхьэм Ибрэхьим зэгурыӀуэныгъэ зэрырищӀылӀар
1А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ:
– Умышынэ, Ибрам;
Сэ уэ СыуимэӀухущ;
уи ӀыхьэфӀыр
ин хъунущ.
2Ибрам жиӀащ:
– Тепщэу Зиусхьэн! Уэ къызэптынум сыт есщӀэнур, сэ быныншэу сыкъанэмэ; си унагъуэр зезыхьэ, Дамаск къалэм щыщ мы ЕлиӀэзэрщ си мылъкур къызыхуэнэнур.
3ЖиӀащ адэкӀэ Ибрам:
– Уэ бын къызэптакъыми, унагъуэ Ӏуэхур зезыхьэрщ си лӀэужьыр.
4Абдеж Зиусхьэным и псалъэр абы къыхуехащ:
– Хъунукъым ар уи лӀэужь;
уэ уи пкъым къыпкърыкӀынуращ
уи лӀэужь хъунур.
5ИтӀанэ ар шэтырым къыщӀишри, жиӀащ Зиусхьэным:
– Уафэм дэплъеи,
бжыт вагъуэхэр,
ахэр пхуэбжынумэ.
АдэкӀи къыжриӀащ абы:
– Апхуэдиз хъунущ къыптехъукӀынум я бжыгъэр.
6Ибрам и фӀэщ хъуащ Зиусхьэным жиӀар, абы къыхэкӀыуи Зиусхьэным абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.
7– Мы щӀыналъэр ууей хъун папщӀэ, Халдей щыӀэ Ур къалэм укъыдэзыша Зиусхьэныр Сэращ, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы.
8– Ди тепщэ Зиусхьэн! – жиӀащ Ибрам, – сыткӀэ къэсщӀэну а щӀыналъэр сысей зэрыхъунур?
9– Схуэгъэн Сэ илъэсищ зы ныбжь жэмыщӀэ, илъэсищ зи ныбжь бжэн, илъэсищ зи ныбжь тӀы, тхьэрыкъуэ анэ, тхьэрыкъуэ шыр, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы.
10Абы а псори хуигъэнащ, ахэр тӀууэ зэгуиупщӀыкӀри игъэтӀылъащ, зы Ӏыхьэр адрейм пэщылъу; ауэ къуалэбзухэр иупщӀэтакъым. 11Къащхьэщылъэтащ абыхэм бгъащхъуэхэр; ауэ Ибрам Ӏуихужырт ахэр. 12Дыгъэр щыкъухьэм, жей куур къытеуащ Ибрам; Къыщхьэщыхьащ абы шынагъуэри кӀыфӀыгъэшхуэри.
13Абдеж Зиусхьэным къыжриӀащ Ибрам:
– ЗэгъащӀэ уэ къыпщӀэхъуэхэр езыхэм я мыщӀыналъэм хамэ зэрыщыхъунур, пщылӀыпӀэми зэрырагъэувэнур, илъэс щиплӀым и кӀуэцӀкӀэ хьэзаби зэрырагъэшэчынур. 14Ауэ Сэ хьэкум тесщӀэнущ ахэр зыгъэпщылӀыну лъэпкъым; абы и ужькӀэ уэ къыпщӀэхъуэхэр а хэкум къикӀыжынущ мылъкушхуэ яӀэу.
15– Уэ езыр уахыхьэжынущ уи адэжьхэм, гупсэхугъуэ уиӀэу, ущӀалъэхьэжынущ жьыщхьэ махуэ ухъуауэ.
16– ЕплӀанэ щӀэблэм деж къагъэзэжынущ къэпщӀэхъунухэм мыбдеж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ эмор цӀыхухэм я хабзэншагъэхэм я пщалъэр иджыри гъэнщӀа хъуакъым.
17Дыгъэр къухьэри, кӀыфӀ къыщыхъуам, Ӏугъуэ къызрих хьэкурэ Ӏэдакъэ мафӀэрэ дэкӀащ упщӀэтауэ щылъ псэущхьэхэм я зэхуакум.
18А махуэм Зиусхьэным Ибрам ирищӀылӀащ зэгурыӀуэныгъэ, мыр жиӀэри:
– Уэ къыптехъукӀынухэм изот Сэ мы щӀыналъэр, Мысыр псым къыщыщӀэдзауэ псы ин дыдэм, Евфрат псым, нэсу: 19кен цӀыхухэм, кениз цӀыхухэм, кадмон цӀыхухэм, 20хет цӀыхухэм, пэриз цӀыхухэм, рефэ цӀыхухэм, 21амор цӀыхухэм, ханаан цӀыхухэм, гъиргъаш цӀыхухэм икӀи ебус цӀыхухэм я щӀыналъэ.
Currently Selected:
1 Мусэ 15: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017