1
1 Мусэ 15:6
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Ибрам и фӀэщ хъуащ Зиусхьэным жиӀар, абы къыхэкӀыуи Зиусхьэным абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.
Compare
Explore 1 Мусэ 15:6
2
1 Мусэ 15:1
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
Explore 1 Мусэ 15:1
3
1 Мусэ 15:5
ИтӀанэ ар шэтырым къыщӀишри, жиӀащ Зиусхьэным: – Уафэм дэплъеи, бжыт вагъуэхэр, ахэр пхуэбжынумэ. АдэкӀи къыжриӀащ абы: – Апхуэдиз хъунущ къыптехъукӀынум я бжыгъэр.
Explore 1 Мусэ 15:5
4
1 Мусэ 15:4
Абдеж Зиусхьэным и псалъэр абы къыхуехащ: – Хъунукъым ар уи лӀэужь; уэ уи пкъым къыпкърыкӀынуращ уи лӀэужь хъунур.
Explore 1 Мусэ 15:4
5
1 Мусэ 15:13
Абдеж Зиусхьэным къыжриӀащ Ибрам: – ЗэгъащӀэ уэ къыпщӀэхъуэхэр езыхэм я мыщӀыналъэм хамэ зэрыщыхъунур, пщылӀыпӀэми зэрырагъэувэнур, илъэс щиплӀым и кӀуэцӀкӀэ хьэзаби зэрырагъэшэчынур.
Explore 1 Мусэ 15:13
6
1 Мусэ 15:2
Ибрам жиӀащ: – Тепщэу Зиусхьэн! Уэ къызэптынум сыт есщӀэнур, сэ быныншэу сыкъанэмэ; си унагъуэр зезыхьэ, Дамаск къалэм щыщ мы ЕлиӀэзэрщ си мылъкур къызыхуэнэнур.
Explore 1 Мусэ 15:2
7
1 Мусэ 15:18
А махуэм Зиусхьэным Ибрам ирищӀылӀащ зэгурыӀуэныгъэ, мыр жиӀэри: – Уэ къыптехъукӀынухэм изот Сэ мы щӀыналъэр, Мысыр псым къыщыщӀэдзауэ псы ин дыдэм, Евфрат псым, нэсу
Explore 1 Мусэ 15:18
8
1 Мусэ 15:16
– ЕплӀанэ щӀэблэм деж къагъэзэжынущ къэпщӀэхъунухэм мыбдеж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ эмор цӀыхухэм я хабзэншагъэхэм я пщалъэр иджыри гъэнщӀа хъуакъым.
Explore 1 Мусэ 15:16
Home
Bible
Plans
Videos