YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 14

14
Ибрам ЛутӀ бийхэм къазэрыӀэщӀигъэкӀыжар
1Мыр къэхъугъащ Шинар и пащтыхь Амрафэл, Еласарым и пащтыхь Ариох, Еламым и пащтыхь КъэдарлаӀомэр, Гоим и пащтыхь Тидал сымэ я махуэхэм: 2Абыхэм зауэ иращӀылӀащ Содомым и пащтыхь Бэрэ, Ӏаморэ и пащтыхь Биршэ, Адмэ и пащтыхь Щынаб, Цэвоим и пащтыхь Шэмэбэр, Бэлэ и пащтыхь Цоар сымэ. 3Ахэр псори щызэхуэзащ Сидим аузым, иджы Хы Шыугъэр здэщыӀэм деж. 4Илъэс пщыкӀутӀкӀэ ахэр КъэдарлаӀомэр и бжьым щӀэтащ, ауэ епщыкӀущанэ илъэсым зыкъаӀэтащ.
5ЕпщыкӀуплӀанэ илъэсым КъэдарлаӀомэррэ абы и гъусэ пащтыхьхэмрэ къакӀуэри, щыхагъэщӀащ рефэ цӀыхухэр Аштэрот-Карнаим деж, зуз цӀыхухэр Хам деж, эм цӀыхухэр Шаве-Кириатаим деж, 6хор цӀыхухэри езыхэм я Сеир бгым деж, губгъуэ нэщӀым ит Ел-Паран нэсу. 7ИтӀанэ абы къикӀыжри, ахэр къэкӀуащ Эн-Мишпат псынэу Кадеш хъужым, икӀи хагъэщӀащ Амалек цӀыхухэм я хэкур зэрыщыту, апхуэдэуи Хацецон-Тамарэ деж щыпсэу амор цӀыхухэри.
8Апхуэдэу щыхъум, Содом пащтыхьри, Ӏаморрэ пащтыхьри, Адмэ пащтыхьри, Цэвоим пащтыхьри, Бэлэ и пащтыхьу Цоар хъужри къыдэкӀри Сиддим аузым деж щезэуэн щӀадзащ абыхэм. 9Зэзэуахэр еламым и пащтыхь КъэдарлаӀомэр, Гоим пащтыхьу Тидал, Шинар и пащтыхьу Амрафэл, Еласар пащтыхьу Ариох сымэщ, пащтыхьиплӀыр тхум япэщӀэту. 10Сиддим аузым деж щыкуэдт мэзыш мащэхэр. Арати, Содомрэ Ӏаморрэ я пащтыхь щӀэпхъуэжахэр абыхэм ихуащ; къэнахэри бгыхэмкӀэ щӀэпхъуэжащ. 11ТекӀуахэм Содомрэ Ӏаморрэ я мылъку псори я гъэтӀылъыгъэ псори яхьри, кӀуэжащ. 12Апхуэдэу Ибрам и къуэшым и къуэ ЛутӀ Содом щыпсэумрэ абы и мылъкумрэ яубыдри, кӀуэжащ.
13Къелахэм ящыщ зы къакӀуэри хъыбар къригъэщӀащ Ибрам журтым. Ибрам зыщыпсэуар амор цӀыхуу Мамрэ зи цӀэм и жыгей мэзыращ. Ар Ешколрэ Анэрэ я къуэшт. Ахэр Ибрам къыкъуэтт. 14Ибрам, и Ӏыхьлыр гъэр хъуауэ щызэхихым, езым и унэм къыщалъхуа унэӀуту щищрэ пщыкӀуийрэ, ӀэщэкӀэ иузэдри, якӀэлъыпхъэращ бийхэм Дан нэс. 15Загуэшри, езыри и унэӀутхэри ятеуащ абыхэм жэщым, икӀи ахэр хигъащӀэри ихуащ Дамаск и сэмэгурабгъумкӀэ щыӀэ Хъобэ нэс. 16ЗыӀэщӀигъэхьэжащ Ибрам мылъку псори, и Ӏыхьлы ЛутӀ, абы и мылъкури, апхуэдэуи бзылъхугъэхэри цӀыхубэри.
Ибрам Малхицэдэкъ зэрыхуэзар
17КъэдарлаӀомэри абы и гъуса пащтыхьхэри хигъэщӀауэ, Ибрам къигъэзэжауэ къыщыкӀуэжым, иджы пащтыхь аузкӀэ зэджэ Щавэ аузым деж абы къыщыпежьащ Содом пащтыхьыр.
18Салем и пащтыхь Малхицэдэкъ абы къыприхьэжьащ щӀакхъуэрэ санэрэ. Ар Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм и тхьэгъэпст. 19Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ:
– Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу,
уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;
20Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу уи бийхэр уи ӀэмыщӀэ изылъхьам щӀыхьышхуэр ейщ.
Ибрам иритащ а Малхицэдэкъ псом щыщуи Ӏыхьэ пщӀанэр.
21Абдеж къыжриӀащ Содом пащтыхьым Ибрам:
– ЦӀыхухэр къызэти, мылъкур уэ нащтэ.
22Ауэ Ибрам жриӀащ Содом пащтыхьым:
– Си Ӏэр хузоӀэт Зиусхьэну Тхьэ я нэхъ Лъагэм, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, тхьэ жызоӀэ 23уэ «Сэ бей сщӀащ Ибрам» жумыӀэн щхьэкӀэ, ууейм щыщу уеблэмэ Ӏуданэрэ вакъэ лъэпсрэ къэзмыщтэну, 24Си цӀыхухэм яшхамрэ сэ си гъусэу нэкӀуахэм ялъыс Ӏыхьэмрэ нэмыщӀ; Анэри, Эшколи, Мамрей сыми кърещтэ езыхэм я Ӏыхьэр.

Currently Selected:

1 Мусэ 14: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in