YouVersion Logo
Search Icon

Апостол. 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀыр Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэм деж зэрыщагъэхъужар
1Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж#3:1 сыхьэтыр щым деж – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ебгъуанэ сыхьэтыр» мэхъу. Абы къикӀыр шэджагъуэ нэужьым сыхьэтыр щыр арщ. Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ. 2Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт. 3Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэу щилъагъум, а лӀыр лъэӀуащ:
– Псапэ тыхь къызэфт, – жиӀэри.
4Петррэ Иуанрэ я нэхэр а лӀым траубыдэри, Петр жиӀащ:
– Моуэ зэ къыдэплъ!
5Зыгуэр къратынкӀэ ящыгугъыу, лӀыр абыхэм яхудэплъеящ.
6– Сэ дыжьыни дыщи сиӀэкъым, – жиӀащ Петр, – ауэ сиӀэр узот: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ пхузощӀ, къэтэджи, зекӀуэ!
7Петр а лӀым и Ӏэ ижьыр иубыдри къызэфӀигъэуващ. ЛӀым и лъакъуэхэми къупщхьэ зэрытыпӀэхэми къару къахыхьэжащ а напӀэзыпӀэм. 8Къыщылъэтщ, ежьэри, къызекӀуэу щӀидзащ абы. Петррэ Иуанрэ я гъусэу Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, къызекӀуэурэ, дэпкӀейурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ итӀанэ. 9Тхьэм щӀыхь хуищӀурэ абы зэрызекӀуэр цӀыху псоми щалъагъум, 10Тхьэм и унэшхуэм и «Куэбжэ ДахэкӀэ» зэджэм деж факъырэ Ӏус къыхихыу щысар зэрыарар къацӀыхужащ икӀи а лӀыр зэрыхъужар ягъэщӀэгъуащ яфӀэтелъыджащэу.
ЦӀыхубэм я пащхьэм Петр къызэрыщыпсэлъар
11Зи лъэ къыщӀэувэжа лӀыр Петррэ Иуанрэ я ужь имыкӀыу здэкӀуэм, цӀыху псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм деж жэхэри, абыхэм я деж цӀыхухэр щызэхуэсащ. 12Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ:
– Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ? 13Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм#3:13 Пилат Ӏэтащхьэр – еплъ Маттэ 27:2. ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым. 14ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ. 15ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ. 16Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар.
17– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ. 18Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ. 19Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ. 20Фигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр Зиусхьэным деж къикӀынущ итӀанэ икӀи Тхьэм Мэссихьу къыфхуигъэува Хьисэр къигъэкӀуэжынущ. 21Тхьэм псори тэмэму зэтригъэувэху, Мэссихь уафэм щыӀэн хуейщ, Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм я гум кърилъхьэу къазэрыжригъэӀам тету. 22Псалъэм щхьэкӀэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ:#3:22 Мусэ бегъымбарым жиӀащ – еплъ 2 Мусэ 8:15, 18. «Зиусхьэну фи Тхьэм фи къуэшхэм ящыщу сэ схуэдэ бегъымбар гуэр къигъэкӀуэнущ. Абы къывжиӀэ псоми федэӀуэн хуейщ. 23А бегъымбарым жиӀэм емыдаӀуэр лъэпкъым хэкӀуэдыкӀынущ».
24– Адрей бегъымбар псоми, Самуел бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ, абы къыкӀэлъыкӀуахэри яхэту, Тхьэм и псалъэхэр зи гум кърилъхьэу зыжригъэӀа бегъымбар псоми мы махуэхэм я гугъу ящӀат. 25Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ». 26Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in