YouVersion Logo
Search Icon

Апостол. 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къазэрыхуехар
1Пэнтэкост махуэшхуэр#2:1 Пэнтэкост махуэшхуэ – гуэдзыр къахыжа нэужь, журтхэм илъэс къэс етхуанэ мазэм ягъэлъапӀэ махуэшхуэрщ. ӀутӀыж махуэшхуэм и ужькӀэ, махуэ щэ ныкъуэ дэкӀауэ, Пэнтэкост махуэшхуэр къос. Пэнтэкостым къикӀыр «етхущӀанэщ». къыщысым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зы щӀыпӀэм щызэхуэсат. 2НапӀэзыпӀэм жьапщэшхуэ макъым хуэдэу зы макъ уафэм къехри, ахэр зыщӀэс унэм макъышхуэр щӀэз хъуащ. 3МафӀэм хуэдэу бзэгухэр къахуэлъэгъуащ. А бзэгухэм загуэшри, абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы бзэгу къытенащ. 4Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.
5Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст. 6А макъышхуэр къыщыӀум, зыхуахьынур ямыщӀэу, цӀыху куэд зэхуэжэсащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэж и бзэкӀэ ахэр псалъэу дэтхэнэми зэхихырт. 7Хуабжьу ягъэщӀагъуэу жаӀащ:
– Мы къэпсалъэ цӀыху псори Галилей хэкум щыщкъэ? 8Апхуэдэу щыщыткӀэ, дэ тщыщу дэтхэнэми и бзэкӀэ ахэр къэпсалъэу зэхихын зэрыхъуар дауэ? 9Парфие, Мидие, Елам къэралхэм щыщхэми, Месопо-тамием исхэми, хэкухэу Иудейрэ Каппадокиерэ, Понтрэ Асиерэ, 10Фригиерэ Памфилиерэ исхэми, Мысырым исхэми, Ливие къэралым щыщ Кириние къалэм пэгъунэгъу лъэныкъуэм исхэми, Рим къалэшхуэм къикӀахэми, 11журтхэми, прозелитхэми,#2:11 прозелитыр – дин хъуэж зыщӀарщ. Крит хытӀыгум#2:11 хытӀыгу – зи хъуреягъкӀэ псым къиухь щӀыналъэщ. щыщхэми, хьэрыпхэми, Тхьэм илэжьа Ӏуэхушхуэхэм я хъыбарыр ди бзэхэмкӀэ къаӀуатэу дэ псоми зэхыдох.
12ЦӀыху псоми ягъэщӀагъуэу, зыхуахьынур ямыщӀэу, жаӀащ:
– Сыт мы къэхъуар зищӀысыр?
13– Ахэр фадэ ӀэфӀ ефэкъуащ! – абыхэм ящӀэнакӀэу жаӀащ языныкъуэхэм.
Петр цӀыхубэм я пащхьэм Пэнтэкост махуэшхуэм къызэрыщыпсэлъар
14Адрей апостол пщыкӀузым я гъусэу къэтэджщ, и макъым зригъэӀэтри, Петр псалъэу щӀидзащ:
– Фэ, си къуэш журтхэмрэ Ерусалим дэсхэмрэ, мыр зэвгъащӀэ, мы къыжысӀэм федаӀуэ. 15Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу#2:15 пщэдджыжьыр сыхьэтибгъу – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ещанэ сыхьэтыр» мэхъу. Пщэдджыжьыр сыхьэтибгъум деж жыхуиӀэщ. хъуа къудейщ. 16Мыбы къыщыхъуар Иоил бегъымбарыр мыпхуэдэу зытепсэлъыхьа Ӏуэхурщ.#2:16-20 Иоил бегъымбарыр … зытепсэлъыхьа Ӏуэхурщ – еплъ Иоил бегъымбарым и тхылъым 2:28-32.
17«Тхьэм мыпхуэдэу жеӀэ:
Дунейм и иужьрей махуэхэм
сэ си Псэ ЛъапӀэр
цӀыху псоми къахуезгъэхынущ.
Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ
я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ.
Фи щӀалэхэми Ӏуэхухэр къахуэзгъэлъэгъуэнущ,
фи нэхъыжьхэми пщӀыхьэпӀэхэр езгъэлъагъунущ.
18А махуэхэм си ӀурыщӀэ#2:18 ӀурыщӀэ – ӀуэхутхьэбзащӀэращ.
цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми
си Псэ ЛъапӀэр къахуезгъэхынущ,
си псалъэхэри я гум къислъхьэнурэ,
жезгъэӀэнущ.
19Уафэм Ӏуэху телъыджэхэр
къыщызгъэлъэгъуэнущ,
щӀылъэми нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр
къыщызгъэлъэгъуэнущ:
лъы, мафӀэ, Ӏугъуэшхуэ флъагъунущ.
20Зиусхьэным и махуэ лъапӀэу
щӀыхьышхуэ зиӀэр къэсын и пэкӀэ
дыгъэр ункӀыфӀынущ,
мазэри лъым хуэдэ хъунущ.
21Абы щыгъуэ къыдэӀэпыкъункӀэ Зиусхьэным
елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ».
22Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ:
– Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ. 23Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ. 24Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым. 25Хьисэ теухуауэ Даут бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:#2:25-28 Даут бегъымбарым … жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 15:8-11.
«Зиусхьэныр си пащхьэм иту
слъагъу зэпыту щытащ.
ЗыкӀи симыгъэгузэвэн щхьэкӀэ,
ар си ижьырабгъумкӀэ къыщытщ.
26Аращи, си гур мэгуфӀэ,
си бзэри мэубзэрабзэ.
Сипкъми гугъапӀэфӀ иӀэу зигъэпсэхужынущ.
27Сыту жыпӀэмэ си псэр
хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым.
Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм
и хьэдэр бгъэфынукъым.
28ГъащӀэм хуэкӀуэ гъуэгухэр сыбгъэщӀащ.
Сэ уи дэжи сыщыбгъэгуфӀэнущ».
29– Си къуэшхэ, ди адэшхуэ Даут теухуауэ сигу зэӀухауэ сыпсэлъэну хуит сыфщӀ. Ар дунейм ехыжащ икӀи щӀалъхьэжащ, абы и кхъэлэгъунэр ди деж щыӀэщ ноби. 30Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр#2:30 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.#2:30 Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 131:11. 31Аращи, Даут къэхъунур ищӀэрти, Мэссихь къытепсэлъыхьу,#2:31 Даут … Мэссихь къытепсэлъыхьу – Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) еплъ 15:10. «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ къыщинэнукъым» икӀи «абы и хьэдэр игъэфынукъым» щыжиӀэм, зи гугъу ищӀар Мэссихь лӀахэм къахэтэджыкӀыжыну зэрыщытарщ. 32А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ. 33Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижу, и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьа нэужь, Адэ лъапӀэм къызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр абы къритащ, фэ зэрыфлъагъущ, икӀи зэрызэхэфхщи, Хьисэ а Псэ ЛъапӀэр дэ къытхуригъэхащ. 34Даут уафэм дэкӀуеижакъым, ауэ мыпхуэдэу жиӀащ:#2:34-35 Даут жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:1.
«Тхьэуэ Зиусхьэным си Зиусхьэным къыжриӀащ:
35Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху,
си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ».
36– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.
37Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм:
– Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?
38– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ. 39Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.
40НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ:
– Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.
41Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм. 42ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт#2:42 щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт – Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар ягу къагъэкӀыжурэ, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зэдошхэ., икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зэшщ
43Апостолхэм Ӏуэху телъыджэ куэд ящӀэрт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къагъэлъагъуэрти, цӀыху псоми я гум шынагъэ илъ хъуащ. 44ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгъусэт, яӀэу хъуари я зэхуэдэт. 45Я мылъкухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ ящэри, къыщӀэкӀар щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ ягуэшащ. 46Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт. 47Тхьэм щӀыхь хуащӀырт икӀи цӀыху псоми я гум дыхьэрт. Зиусхьэным мыкӀуэду къригъэлхэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэс хигъахъуэрт.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in