Апостол. 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
И Псэ ЛъапӀэр къахуригъэхыну Тхьэм апостолхэр къызэригъэгугъар
1-2Феофил#1:1, 2 Феофил – еплъ Лука 1:1. лъапӀэ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижа махуэм нэсыху, Хьисэ илэжьа Ӏуэху псори икӀи цӀыхухэм яригъэщӀа Ӏуэху псори си япэ тхылъым#1:1, 2 япэ тхылъыр – «ХъыбарыфӀыр Лука къызэриӀуэтар» тхылъырщ. Еплъ Лука 1:1-4. итщ. Тхьэм уафэм дришеижын и пэкӀэ Хьисэ къыхиха апостолхэм#1:1, 2 апостол – еплъ Маттэ 10:2. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ унафэхэр яхуищӀащ. 3Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм#1:3 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт. 4Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ:
– Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам#1:4 Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъар – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Еплъ Лука 24:49; Иуан 15:26. фыпэплъэ, – жиӀэурэ. 5– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ,#1:5 иумэхъырт – еплъ Маттэ 3:1. ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.
Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар
6Щызэхуэсым, апостолхэр Хьисэ еупщӀащ:
– Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфӀэбгъэувэжынур?
7– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ. 8– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.
9А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.
10Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ#1:10 щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ – мелыӀычхэращ. напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.
11– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.
Иудэ и пӀэкӀэ езыхэм ящыщ хъуну апостолхэм Матфий зэрыхахар
12Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм#1:12 Елеон Ӏуащхьэр – еплъ Маттэ 21:1. къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу#1:12 щэбэт махуэ гъуэгу – зы километр хуэдиз мэхъу. Журт хабзэм тету, щэбэт махуэм зы километр нэхъыбэ пкӀу хъунукъым. хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу. 13Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ. 14А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу.
15ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:
16– Си къуэшхэ,#1:16 къуэшхэр – зы диным ирикӀуэхэр аращ. Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.#1:16 А Иудэр арщ … гъуэгур езыгъэлъэгъуар – еплъ Лука 22:47. 17Ари дэ тщыщу щытащ, мы Ӏуэхуми ди гъусэу ирилэжьащ.
18ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ#1:18 ирата пщӀэмкӀэ – еплъ Лука 22:3-6. Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ. 19Ерусалим дэс цӀыху псоми Иудэ къыщыщӀар зэхахащ, а щӀыгум Акелдамэ фӀащащ я бзэкӀэ. Абы къикӀыр «Лъы уасэ щӀыгущ».
20Петр къыщӀигъужащ итӀанэ:
– Уэрэд лъапӀэхэм мыпхуэдэу итщ:#1:20 Уэрэд ЛъапӀэхэмым … итщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 68:26; 108:8.
«И унэр нэщӀ ирехъу.
Зыри щӀремыс».
Мыпхуэдэуи итщ:
«Абы и Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым ирещти,
абы и пӀэм ирыреувэ».
21-22– Аращи, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ дэ ди гъусэ нэгъуэщӀ гуэр щыхьэт хъун хуейщ Иудэ и пӀэкӀэ. А щыхьэтыр Хьисэ къытхыхьэ-тхэкӀыжу щыщыта зэман псоми, Иуан Хьисэ щиумэхъа махуэм къыщыщӀэдзауэ ар Тхьэм уафэм щыдришеижам нэсыху, ди гъусэу щытахэм ящыщын хуейщ.
23Апхуэдэу лӀитӀ ягъэуващ: ВарсавэкӀэ зэджэ икӀи Иуст зыхужаӀэ Исуфрэ Матфийрэ.
24-25Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ:
– Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ.
26Пхъэидзэ ящӀри, Матфий и пхъэр къикӀащ. Апостол пщыкӀузым я гъусэу, Матфий апостол хъуащ апхуэдэу.
Currently Selected:
Апостол. 1: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
![None](/_next/image?url=https%3A%2F%2Fimageproxy.youversionapi.com%2F58%2Fhttps%3A%2F%2Fweb-assets.youversion.com%2Fapp-icons%2Fen.png&w=128&q=75)
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017