Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ:
– Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам фыпэплъэ, – жиӀэурэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.