Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ:
– Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ?
– АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ.
– Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы.
– АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ.
– Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр.
«ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ:
– Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ.
– Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.