YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 21:15-17

Иуан 21:15-17 KBDNTGP2017

Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ: – Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ? – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ. – Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы. – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ. – Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.