ЦӀыхум щӀылъэм щыбагъуэу щӀадзащ. Абыхэм пхъухэр къахуэхъурт. Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.
ЖиӀащ Зиусхьэным:
– ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт
щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу
абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.
А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.