YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 6

6
Тхьэм и къуэхэмрэ цӀыху абрагъуэхэмрэ
1ЦӀыхум щӀылъэм щыбагъуэу щӀадзащ. Абыхэм пхъухэр къахуэхъурт. 2Тхьэм и къуэхэм#6:2 Тхьэм и къуэхэр – Тхьэм къыбгъэдэкӀ псэхэр. къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.
3ЖиӀащ Зиусхьэным:
– ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт
щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу
абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.
4А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.
ЦӀыхухэм я гуэныхьымрэ пэжыгъэ зиӀэ Нухьрэ
5Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр. 6Арати, хущӀегъуэжащ Зиусхьэныр щӀылъэм цӀыхур къызэрыщигъэщӀам, икӀи и гум щӀыхьэжащ ар.
7ЖиӀащ Зиусхьэным:
– ТезгъэкӀуэдыкӀынщ щӀылъэм Сэ къэзгъэщӀа цӀыхухэр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, уэгум щызелъатэхэри згъэкӀуэдынщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ сыхущӀегъуэжащ ахэр къызэрызгъэщӀам.
8Ауэ Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ Нухь.
9Мис Нухь и хъыбарыр:
Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь. 10Къыхуэхъуащ абы къуищ: Щэт, Хъам, Ефэт сымэ.
11АрщхьэкӀэ дуней цӀыхухэр зэхэуцӀэпӀа
хъуащ Тхьэм дежкӀэ, ем зэщӀищтащ дунейр.
12Теплъащ Тхьэр щӀылъэм – зэхэуцӀэпӀащ ар:
щӀылъэм тет дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъуэгур зэӀигъэхьэжати.
13ЖриӀащ Тхьэм Нухь:
– ЩӀылъэм тет цӀыху псоми кӀэух яхуэсщӀыну гухэлъ сиӀэщ, абыхэм къабгъэдэкӀ ем дунейр зэщӀищтащи. ЗгъэкӀуэдынущ иджы цӀыхухэр щӀылъэм щӀыгъуу.
14– Гофер жыгым къыхэщӀыкӀи, ухуэ кхъухь уи щхьэм папщӀэ; кхъухьыр зэпрыхукӀ пэш щхьэхуэ-щхьэхуэхэу, и кӀуэцӀи и щӀыфи мэзыш щыхуэ. 15Ухуэ ар мыпхуэдэу: кхъухьым и кӀыхьагъыр ӀэфракӀэ щищу; и бгъуагъыр ӀэфракӀэ тхущӀу, и лъагагъыр ӀэфракӀэ щэщӀу.#6:15 кхъухьэм и кӀыхьагъыр метр 132-рэ, и бгъуагъыр метр 22-рэ, и лъагагъыр метрэ 13 хуэдиз мэхъу. 16ХуэщӀ кхъухьым гъуанэ#6:16 гъуанэ – е щхьэгъубжэ., зы ӀэфракӀэкӀэ ищхьэкӀэ дэхьеяуэ, бжэи хэлъхьэ кхъухьым и бгъумкӀэ; щыухуэ абы и лъащӀэӀуэкӀэ етӀуанэ, ещанэ къату псэупӀэхэр. 17ТезутӀыпщхьэнущ Сэ щӀылъэм псыдзэшхуэ, псэ зыӀуту уафэ щӀагъым щыщыӀэ псэущхьэ псори згъэкӀуэдын папщӀэ; щӀылъэм щыщыӀэ псоми я гъащӀэр абдеж щаухынущ.
18– Ауэ зэгурыӀуэныгъэ Сэрэ уэрэ ди зэхуакум дэслъхьэнурэ уихьэнущ уэ кхъухьым, уи къуэхэри, уи фызри, уи къуэхэм я фызхэри пщӀыгъуу. 19Ишэ апхуэдэуи кхъухьым псэущхьэ псоми ящыщу тӀурытӀ, ахэр уи гъусэу псэууэ къэнэн папщӀэ; зэхъузэбзу щрет ахэр. 20Къуалэбзухэм ящыщ, Ӏэщхэм ящыщ, щӀылъэм къыщызыпщыхьхэми ящыщ, а псори езыхэм я лъэпкъыу, псоми ящыщу тӀурытӀ нихьэнущ уи деж, псэууэ къэнэн папщӀэ. 21Яшх хабзэ шхыныгъуэр къыздэщтэ, гъэтӀылъ, ар фхуэхъунщ уэри абыхэми шхын.
22ИгъэзэщӀащ Нухь а псори; Тхьэм унафэ къызэрыхуищӀам хуэдэу ищӀащ.

Currently Selected:

1 Мусэ 6: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in