YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 6:1-4

1 Мусэ 6:1-4 KBDNTGP2017

ЦӀыхум щӀылъэм щыбагъуэу щӀадзащ. Абыхэм пхъухэр къахуэхъурт. Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ. ЖиӀащ Зиусхьэным: – ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ. А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.