Руфэ 2
2
Руфэ БоӀэз зэрыхуэзар
1НэӀумий зы благъэ гъунэгъу иӀэт, и щхьэгъусэмкӀэ къыгухьэу – Елимэлэх и унэкъуэщ, къулейуэ икӀи пщӀэ зыхуащӀ цӀыхуу. Абы зэреджэр БоӀэзт.
2МоӀэбей щыщ Руфэ НэӀумий махуэ гуэрым жриӀащ: «Хуит сыпщӀамэ, губгъуэм сыдэкӀынти, гуапэу къызэплъ зыгуэрым и ужь ситу щхьэмыж кӀэрыхуахэр къэсщыпынт».
«КӀуэ, сипхъу цӀыкӀу», – хуигъэдэхащ НэӀумий.
3Губгъуэм дэкӀри, абы хьэр къэзыхыжхэм я ужь иту щыпэн щӀидзащ. Ар здэкӀуар Елимэлэх и унэкъуэщ БоӀэз и щӀапӀэу къыщӀэкӀащ.
4Езы БоӀэзи, Бэтлъэхъем къикӀри, абы ирихьэлӀэу и лэжьакӀуэхэм къахыхьащ. «Зиусхьэным къывдигъэпсынщӀэ!» – сэлам ярихащ абыхэм.
«Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуэ!» – къратыжащ жэуап.
5«Хэтхэ ей хъуну мо цӀыхубз цӀыкӀур?» – жиӀэри БоӀэз и лэжьакӀуэхэм я нэхъыжьым еупщӀащ.
6Абы жэуап къритыжащ: «Ар НэӀумий МоӀэбей къыщикӀыжым и гъусэу къэкӀуа моӀэб цӀыхубзырщ. 7„КхъыӀэ, хъуну щытмэ, хьэр къэзыхыжхэм я ужь ситу кӀэрыхуа щхьэмыжхэр пхыр зэхуакухэм къыщызгъэщып“ жиӀэри къызэлъэӀуащ. Нышэдибэ лъандэм, губгъуэм къызэрыкӀуэрэ иджыри къэс, и щхьэр къимыӀэтауэ мэлажьэ, пщыӀэ лъабжьэм тӀэкӀу зэрыщетӀысэхар хыумыбжэмэ».
8БоӀэз Руфэ бгъэдыхьэри жриӀащ: «Мыдэ къызэдаӀуэт, ди шыпхъу, мыбдеж уӀукӀыу нэгъуэщӀ губгъуэ щыпакӀуэ умыкӀуэ. Си унэӀут цӀыхубзхэм я гъусэу мыбдеж къанэ. 9Си лӀыщӀэхэм дэнэ деж щыӀуахыжми уакӀэлъыплъурэ, си унэӀут цӀыхубзхэм якӀэлъыкӀуэ. Си лӀыщӀэхэм уи гугъу къамыщӀыну унафэ яхуэсщӀащ. Псы пхуэлӀэхуи си унэӀутхэм къахь кхъуэщынхэм ярытым щыщ ефэ».
10И щхьэр щӀым нэсу, Руфэ БоӀэз щхьэщэ хуищӀри, жиӀащ: «Сыт апхуэдизу уи нэфӀ къыщӀысщыхуар? Апхуэдиз гулъытэ сыт хамэ къэралым щыщым щӀыхуэпщӀыр?»
11БоӀэз жэуап къритыжащ: «Сэ зэхэсхащ, уи щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужь, уэ уи гуащэм хуэпщӀа псор – уи адэанэри уи хэкури къэбгъанэу, умыцӀыху лъэпкъым удэпсэуну укъызэрыкӀуар. 12ӀуэхуфӀу пщӀа псори Зиусхьэным бэгъуауэ къыпхуищӀэж! Зи жьауэм ущӀэтыну укъызыхуэкӀуа ИсрэӀилым и Тхьэу Зиусхьэным фӀыгъуэу щыӀэр къыпхуищӀэ!»
13«ДяпэкӀи апхуэдэу фӀыуэ Тхьэм укъысхущигъэт, зи пщӀэр лъагэ хъун, – жиӀащ абы. – Си гур фӀы схуэпщӀащ, сэ – уи пщылӀым – дахэ къызжепӀащ, уи унэӀутхэм я зым сримыуасэ пэт».
14Шэджагъуашхэр къыщысым, БоӀэз къеджащ абы: «КъакӀуи, къыддедзакъэ. ЩӀакхъуэ къащти, серчэм хэгъапщӀэ». Ар къакӀуэу лэжьакӀуэхэм къащыбгъэдэтӀысхьэм, БоӀэз абы хьэ гъэлыгъуа къритащ. Абы зыхуейм хуэдиз ишхри, къыдэхуащ. 15Ар къэтэджыжу адэкӀэ щыпэну ежьэжа нэужь, БоӀэз и лӀыщӀэхэм унафэ яхуищӀащ: «Пхырхэм деж щыщыпэми, абы и гугъу фымыщӀ. 16Фэ езым пхырхэм щыщ щхьэмыжхэр хузэвдзэкӀыурэ къыхуэвгъанэ, къищыпын щхьэкӀэ, икӀи евмыхъуэныж».
17Руфэ пщыхьэщхьэ хъуху губгъуэм щыщыпащ. Къищыпа хьэр иӀуэжри, ефэ#2:17 Ефэ – килограмм пщыкӀущ хуэдиз мэхъу. нэблагъэу къыщӀэкӀащ. 18Ар Руфэ жылэм къихьыжа нэужь, и гуащэм илъэгъуащ абы къищыпар зыхуэдизыр. Руфэ щагъэшхам къыдэхуар къызыкъуихри и гуащэм иритащ.
19И гуащэр къеупщӀащ абы: «Дэнэ нобэ ущыщыпар? Дэнэ ущылэжьар? Зиусхьэным и нэфӀ къыщыхуэ уэ гу къыплъызытам!»
Арати, Руфэ и гуащэм жриӀащ щылэжьар хэт дежми. «Нобэ сэ сыщыщыпа щӀапӀэр зейм зэреджэр БоӀэзщ», – жиӀащ абы.
20«Зиусхьэным и нэфӀ къыщыхуэ абы! – жриӀащ НэӀумий и нысэм. – Абы лӀахэри псэухэри и гущӀэгъум дыхинакъым». ИкӀи дыщӀигъужащ: «А лӀыр дэ ди благъэ дыдэщ, зи жьауэ дыщӀэзыгъэувэну къызытехуэ ди щэхужакӀуэхэм щыщщ».
21МоӀэбей щыщ Руфэ и псалъэм къыпищащ: «А лӀым сэ иджыри „Си лэжьакӀуэхэм яригъусэ, си гъавэр псори кърахьэлӀэжыху“ къызжиӀащ».
22НэӀумий и нысэ Руфэ жриӀащ: «Сыту фӀыт, сипхъу цӀыкӀу, абы и унэӀут цӀыхубзхэм уазэригъусэнур, нэгъуэщӀ гуэрым и губгъуэм лей къыщыптехьэнкӀи хъунт».
23Арати, Руфэ БоӀэз и унэӀут цӀыхубзхэм ягъусэурэ щыпащ, хьэри гуэдзри кърахьэлӀэжыху. Ар и гуащэм и гъусэу псэурт.
Поточний вибір:
Руфэ 2: АдгФЛ
Позначайте
Поділитись
Копіювати
Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021