Гъэсэпэтхыдэхэр 1
1
ЯПЭ ӀЫХЬЭ
Гъэсэпэтхыдэхэм уахэзыгъэгъуазэ
1ИсрэӀилым и пащтыхь Даут и къуэ Сэлмэн и гъэсэпэтхыдэхэр.
2Ӏущыгъэрэ ущиер къыфхуахьынщ абыхэм,
акъылкӀэ гъэнщӀа псалъэхэр
къывгурыӀуэнкӀэ щхьэпэ къыфхуэхъунщ,
3щыпкъагъэм, захуагъэм, пэжыгъэм –
псэукӀэ нэсым хабзэу хэлъхэм –
фыхуаузэщӀынщ.
4ЖыӀэзыфӀэщхэм я зэхэщӀыкӀым зрагъэӀэтынщ,
щӀэныгъэрэ губзыгъагъэкӀи ныбжьыщӀэхэм
ядэгуэшэнщ;
5щӀредэӀу а псалъэхэм цӀыху Ӏущхэри –
щӀэныгъэу ябгъэдэлъми хагъэхъуэнщ,
зи акъыл тӀысахэм чэнджэщ щхьэпи
къыхахынщ.
6ЗэхэфщӀыкӀынщ итӀанэ фэ псалъэжьхэр,
псалъэ хъуэрхэр,
цӀыху Ӏущ и Ӏущыжхэм я псэлъафэхэр,
щӀагъыбзэхэр.
7Тхьэуэ Зиусхьэным#1:7 Журт. «Яхве». Тхьэм Мусэ бегъымбарми журтхэми закъызэрыригъэцӀыхуауэ щытар апхуэдэущ. «Яхве» жиӀэмэ, «ЩыӀэр», «Псэур» жиӀэу аращ. Журтхэр а цӀэм апхуэдизкӀэ фӀэлӀыкӀырт, къапсэлъыну щышынэрти, Тхыгъэ ЛъапӀэми макъкӀэ щеджэкӀэ, а цӀэр къамыпсэлъу абы и пӀэкӀэ «Адонай» жаӀэу хуежьащ. «Си Зиусхьэн» жиӀэу аращ абы къикӀыр. уфӀэлӀыкӀыныр –
зэхэщӀыкӀым и пэублэщ,
Ӏущыгъэрэ ущием нэмыплъ езытыр –
акъылыншэщ.
ЩӀалэгъуалэм яхуэгъэза ущиехэр
БзаджэщӀагъэм ущызыгъащтэ псалъэ
8ЕдаӀуэ, си щӀалэ, уи адэ и ущие,
уи анэ и псалъи иригъуазэ,
9къыпхалъхьэнщ абыхэм уэ щэн дахэ,
уи щӀыхьри лъагэу яӀэтынщ#1:9 Журт. «къыпщхьэратӀэгъэнщ абыхэм уэ къэгъагъэ блэрыр, зэпэлыдыж щыгъэри къыппщӀэхалъхьэнщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ..
10Си щӀалэ, удашэхыну гуэныхьщӀакӀуэхэр
къыщихьэкӀэ уи ужь,
защыдзей абыхэм.
11«НыддэкӀуэ,
щхьэусыгъуэншэу лажьэншэхэм
дапэтӀысынщи, ялъ дгъэжэнщ,
12пэмыплъагъэххэу зи уахътыр къэсахэм ещхьу
абыхэм зэшэзэпӀэу кӀэр еттынщ#1:12 Журт. «хьэдрыхэ дунейм зэрызыӀэщӀилъхьэжым хуэдэу псэууэ ахэр едгъэндырэхынщи, мащэм ихуам ещхьуи зыӀэщӀэтлъхьэнщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ.;
13фӀыгъуэбэр къэтхъунщӀэнщи,
а къуентхъхэмкӀэ ди унэхэр дыуфэнщ.
14Къытхыхьи, пхъэидзэр щытщӀкӀэ,
къыплъыс уи Ӏыхьэри хэпхынщ!» – щыжаӀэкӀи,
15умыщӀ апхуэдэхэр, си щӀалэ, уэ гъуэгуэгъу,
абы я лъагъуи утеувэну щыщтэ.
16Лей зехьэнырщ ахэр зыхущӀэкъур,
зыхуэпӀащӀэри лъыгъажэщ.
17Бзурэ пэт нахуэу ягъэува бзуущэм
иубыдынкъым#1:17 ЗэрызэдзэкӀам къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ.,
18ауэ мы бзаджащӀэхэр аракъым –
зыпэтӀысыжурэ ягъажэр ялъщ,
я мащэри езыхэм я ӀэкӀэ ятӀыж.
19Аращ къапэплъэр щӀэпхъаджэ къуентхъ
щӀэнэцӀхэм, –
халъхьэнущ я щхьэр абы щӀэхъуэпсхэм.
Ӏущыгъэм и джэ макъ
20Ӏущыгъэр#1:20 «Гъэсэпэтхыдэхэм» Ӏущыгъэр бзылъхугъэу къыщыгъэлъэгъуащ. уэрам-уэрамкӀэрэ къыщоджэ,
утыкухэми щеӀэт и макъ;
21цӀыху зэблэкӀыпӀэхэм ар къыщогуо,
и псалъэхэр щегъэӀу къалэ дыхьэпӀэхэми:
22«ЦӀыху жыӀэзыфӀэщхэм зэхэфх псоми фигу
хагъахъуэу сыт хуэдизрэ екӀуэкӀыну?
ЩӀэнэкӀалэхэр сыт хуэдизрэ щӀэнэкӀэнкӀэ
фыерыщыну,
акъылыншэхэми щӀэныгъэм сыт хуэдизрэ
зыпэӀувдзыну?
23Си гие псалъэ хуэфэщэн хуэдизкӀэ
фыкъыпэджэжатэмэ,
сыфхуэхъунтэкъэ фэ чэнджэщэгъу,
сывдэгуэшэнтэкъэ гущӀагъщӀэлъыбзэу
сщӀымкӀэ?!
24Сынывэджат – фи щӀыб къысхуэвгъэзащ,
зынэсшият – къыслъыфтакъым зыми гу.
25Си чэнджэщхэм фыщелъэпэуакӀэ,
сыныщӀывэгияр къыщывмыщтакӀэ,
26гукӀуэдыгъуэр къыщыфлъэӀэскӀэ,
фи гузэвэгъуэм сэри сыщӀэнэкӀэжынщ.
27Шынагъуэр дуней жьапщаеу
къыщыфлъэӀэскӀэ,
гузэвэгъуэр гъуэжькуийуэ
къыщыфтехуарзэкӀэ,
гуауэмрэ гуӀэмрэ лъэгуажьэмыщхьэу
фыкъыщагъэтӀыскӀэ,
28мис абы щыгъуэщ фыкъыщызэджэнур,
ауэ сыныфпэджэжынукъым,
мис абы щыгъуэщ сыкъыщыфлъыхъуэнур,
ауэ сывгъуэтыжынукъым.
29ЩӀэныгъэм гущыкӀ хуэзыщӀахэмрэ
Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыным
хуэмеяхэмрэ,
30си чэнджэщ зымыщтахэмрэ си гие псалъэ
елъэпэуахэмрэ –
31гъуэгу къыхахам и дыджкӀэ пшынэжынущ,
гугъэу зэрахъами пэкӀуэж уасэри
ягъуэтыжынущ.
32ЖыӀэзыфӀэщыр зэрымыдаӀуэм
текӀуэдэжынущ,
акъылыншэри гу къаскӀэ зэримыӀэм
теунэхъуэнущ.
33КъызэдаӀуэр псэунщ шынагъэм пэӀэщӀэу,
бэлыхьлэжьаекӀи къыхэщт иӀэнкъым».
Поточний вибір:
Гъэсэпэтхыдэхэр 1: АдгФЛ
Позначайте
Поділитись
Копіювати
Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021